20 Дэ ди хэкур уафэрщ. Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, уафэм къехыу, дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлынум дыпоплъэ.
Лъэбакъуэ счыху къэси сыкъаувыхь; я нэхэр къыстрагъэдиящ, щӀыгум сытрадзэну;
КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
– Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.
– Зи щхьэм мылъкушхуэ хузэхуэзыхьэсу, Тхьэм дежкӀэ мылъкушхуэ зимыӀэм аращ къыщыщӀынур.
ЯхуэпщӀар абыхэм къызэрыпхуамыщӀэжыфынум щхьэкӀэ, гъуэгу махуэ утеуващ. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхухэр къыщытэджыжкӀэ, яхуэпщӀар Тхьэм къыпхуищӀэжынущ.
– Фэ, Галилей хэкум щыщ цӀыхухэр, – жаӀащ а лӀитӀым, – мыбдежым фыщыту уафэм щхьэ фыдэплъейрэ? Тхьэм уафэм дришеижа Хьисэ уафэм дэкӀуеижауэ зэрыфлъэгъуам хуэдабзэу къехыжынущ.
Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм фыщыпэплъэкӀэ, Тхьэм и бынхэм ярит тыгъэхэм ящыщу фимыӀэ зыри щыӀэкъым.
Мы дунейм тет цӀыхухэр Тхьэм ятӀэм къыхигъэхъукӀа цӀыхум хуэдэщ. Уафэм щыпсэу цӀыхухэр уафэм щыщым хуэдэнущ.
Апхуэдэу цӀыхухэм нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэм деплъыркъым, атӀэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэрщ дызэплъыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынущ, ауэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынукъым.
Догушхуэ жызоӀэ, икӀи дипкъхэм дахэкӀыу, Зиусхьэным и гъусэ дыхъумэ, нэхъ тфӀэфӀщ.
Ауэ уафэм щыӀэ Ерусалим щхьэхуитщ. Ар дэ псоми анэ къытхуохъу.
Аращи, хамэу икӀи хэхэсу фыщытыжкъым, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм фыхилъытащ, Тхьэм и унагъуэм щыщи фыхъуащ.
Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ абы дригъусэу Тхьэм дыкъигъэтэджыжащ, абы дригъусэуи уафэм хэщӀапӀэ къыщыдитащ.
Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.
Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,
Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ щӀывиӀэр Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр къызэрывитынум фыщыгугъыурэ фызэрыпэплъэр арщ. Фи деж нэса хъыбарыфӀым и псалъэ пэжхэмкӀэ Тхьэм къыфхуигъэхьэзыра фӀыгъуэм и хъыбарыр зэхэфхащ.
Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.
Тхьэм и унафэр хъууэ, япэрей мелыӀычым и макърэ Тхьэм и бжьамиишхуэм и макърэ къэӀумэ, езы Зиусхьэныр уафэм къехыжынущ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр япэ къэтэджыжынущ абы щыгъуэ.
Иджы Зиусхьэным щыпкъагъэм и тажыр схуигъэхьэзыращ. А тажыр щыпкъагъэм тету хьэкум зыщӀэ Зиусхьэным къемэтмахуэм къысхуигъэфэщэнущ, ауэ сэ си закъуэкъым, ар дунейм къызэрыкӀуэжынум щыгуфӀыкӀа псори сэ сщӀыгъущ.
Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.
Фэ фыкъыздэкӀуар Сион Ӏуащхьэр арщ, гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыӀэ Ерусалиму мелыӀычхэр мин бжыгъэкӀэ здэщыӀэр арщ.
Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.