ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2 Хьэхэм хуэдэ цӀыхуу бзаджагъэ зылэжьу адрей цӀыхухэр сунэт зыщӀхэм защыфхъумэ. Faic an caibideil |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.