Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:19
52 Iomraidhean Croise  

Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум, Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд


Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщи.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


СигукӀэ жысӀэнщ итӀанэ: Илъэс куэдкӀэ схурикъун фӀыгъуэ Ӏэджи сиӀэщ. Зыгъэпсэху, шхэ, ефэ, зыгъэтхъэж».


– ЛӀы бей гуэр щыӀащ. Щыгъыным я нэхъ лъапӀэмкӀэ зихуапэрт абы, махуэ къэси ефэ-ешхэшхуэ ищӀырт.


– Ауэ фызабэр зыщӀэлъэӀур хуимыщӀэурэ, зэманыфӀ екӀуэкӀащ. ИтӀанэ игукӀэ жиӀащ: «Сэ Тхьэм сыщымышынэми, цӀыхухэм сащымыукӀытэми,


Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.


Абы щыгъуэ сыт фэ фи фӀагъыу къэкӀуар? Фи фӀагъыу зыри къэкӀуакъым. Иджы фызытеукӀытыхьыж апхуэдэ Ӏуэхухэм къахэкӀыр лӀэныгъэр арщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэщ иджыри. Фыгъуэнымрэ зэщыхьэнымрэ фяку щыдэлъкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ? Адрей цӀыхухэр зэрыщыт хабзэм хуэдэу, фэри фыщыткъэ?


Абы фытет пэтрэ, фэ зыкъыффӀощӀыж! ЗыкъыффӀэщӀыжын и пӀэкӀэ ар фи гу щӀыхьэу, апхуэдэ зылэжьа лӀыр зыхэфхун хуейт.


Фызэрызыщытхъужыр фӀыкъым. Пщагъэ тӀэкӀум тхьэвыр зэрыщыту зэригъэфӀэӀур фщӀэркъэ?


Ауэ зэрысщӀам хуэдэу сыт щыгъуи сщӀынущ. «Паул зэрылажьэм хуэдабзэу, дэри долажьэ», жызыӀэу зыщытхъужхэр зыщытхъужыну Ӏэмал естыну сыхуейкъым.


Аращи, шейтӀаным хуэлажьэхэм, щыпкъагъэм хуэлажьэ хуэдэу, загъэӀумэ, ар шынагъуэкъым. Ялэжьа Ӏуэхухэм хуэфащэ кӀэух ягъуэтынущ абыхэм.


Сунэт ящӀа дыдэхэми Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэркъым, ауэ сунэт фащӀыну и ужь итщ, сунэт фызэращӀамкӀэ зыщытхъужын щхьэкӀэ.


ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым.


Мы дунейм и Ӏуэхухэм фемыгупсысу, уафэм и Ӏуэхухэм фегупсыс.


А цӀыхухэр Зиусхьэным и напэмрэ щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ япэжыжьэу, мыухыж кӀуэдыныгъэр Тхьэм Ӏыхьэ яхуищӀынущ.


Апхуэдэу щыпкъагъэр зи фӀэщ мыхъу цӀыхуу бзаджагъэр зигу ирихь псори Тхьэм игъэкъуэншэнущ.


Бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ итӀанэ. Зиусхьэн Хьисэ щӀыхьышхуэ иӀэу къыщыкӀуэжкӀэ, зэрыбауэ ишэ жьымкӀэ ар иукӀынущ икӀи игъэкӀуэдыжыпэнущ.


зи акъыл ныкъуэу, щыпкъагъэм пэжыжьэ цӀыхухэм я зэщыхьэныру пщӀэ зимыӀэрщ. Тхьэр гъэлъэпӀэныр абыхэм фейдэ хэкӀыпӀэу къафӀощӀ. Абыхэм пэӀэщӀэ зыщӀ.


уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщӀагъэкӀэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ;


Ауэ иджы зыкъыффӀощӀыж икӀи фызыщотхъуж. Апхуэдэ зыщытхъужыныгъэ псори Ӏейщ.


Тхьэм и лъэпкъым бегъымбар нэпцӀхэри яхэтащ. Апхуэдэу, дин егъэджакӀуэ нэпцӀхэр фэри къыфхэтынущ. ЦӀыхухэм гу лъамытэу, ахэр зыгъэунэхъун Ӏуэхугъуэхэр ирагъэщӀэнущ. Зиусхьэну я щхьэхэр къэзыщэхужари ядэнукъым. Апхуэдэу щыхъукӀэ, езыхэм епӀэщӀэкӀыу загъэунэхъуж.


Взаджагъэу ящӀам хуэфащэр ягъуэтыжынущ. Махуэ къэси ахъшэ куэд зытрагъэкӀуадэу, загъэтхъэжыну псэуну яфӀэфӀщ. КъыщывдэшхэкӀэ, щӀыкӀейуэ икӀи напэтехыу щытхэурэ, фыкъызэрагъапцӀэмкӀэ загъэтхъэж.


Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.


А цӀыхухэр зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэми хущӀоджэ; ауэ акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм езыхэм къыдалъхуауэ я хьэлкӀэ Ӏуэхугъуэхэр зэрызыхащӀыкӀым хуэдэу, а цӀыхухэм зыхащӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэр арщ ахэр зытеунахъуэр.


Ахэр зыкӀи мыарэзыуэ, тхьэусыхэ зэпытщ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм кърашэкӀыу мэпсэухэр. Я жьэм псалъэ дыгъэлхэм нэмыщӀ, къажьэдэкӀыркъым. ЦӀыхухэм я фӀагъ зрагъэкӀын щхьэкӀэ, абыхэм ящотхъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.


ЩӀыхьышхуэрэ беягъэшхуэрэ езым зэрызыхуигъэфэщам хуэдэу, гугъуехь шэчыныгъэрэ гукъеуэрэ евгъэгъуэтыж. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ игукӀэ мыпхуэдэу жеӀэ: „Сэ пащтыхь цӀыхубзу мыбдеж сыщысщ. Сэ сыфызабэкъым икӀи сыщыгъуэну зэи къысхуихуэнукъым“.


Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым а тӀур псэууэ хадзащ.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan