Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Зэдэжэным хыхьэм хуэдэу, саугъэтыр къэсхьын щхьэкӀэ, и кӀэм нэс сызэрыкӀуэным сыхущӀокъу. Саугъэт жыхуэсӀэр уафэм сыщыпсэунырщ, икӀи ар къэсхьын щхьэкӀэ Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:14
20 Iomraidhean Croise  

– Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятхахэм итхэмрэ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм адрей цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу щытащ, умэхъакӀуэ Иуан и махуэхэм нэсыху. Абы къыщыщӀэдзауэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ икӀи хэти а Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэну пӀэщӀэгъуэкӀэ щӀокъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыхухэм тыгъэхэр щариткӀэ, и бын хъунуи къыщыхуриджэкӀэ, апхуэдэу зэрищӀам хущӀегъуэжыркъым.


Псори къызэдэжэурэ зэпоуэ, ауэ абыхэм ящыщу зы закъуэщ текӀуэныгъэм и саугъэтыр къэзыхьыр, ар фщӀэркъэ? Ар къэфхьын щхьэкӀэ, фызэдэжэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.


Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.


Егъэлеяуэ зывгъэцӀыкӀун хуейуэ, мелыӀычхэри вгъэлъэпӀэн хуейуэ нывжезыӀэм зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ цӀыхум, Тхьэм абы къригъэлъэгъуауэ жыхуиӀэ Ӏуэхухэм зэпымыууэ тепсэлъыхьурэ, мы дунейм тет цӀыхухэм я гупсысэкӀэ зэриӀэм щхьэкӀэ пщӀэншэу зыкъыфӀощӀыж.


Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.


Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,


Си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и бын фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ. Аращи, ди фӀэщхъуныгъэм и дин пашэшхуэ хъун щхьэкӀэ Тхьэм къытхуигъэкӀуа Хьисэ фегупсыс.


Мэссихь теухуа, япэ дыдэ фагъэщӀа Ӏуэхухэм дыблэвгъэкӀи, зи ныбжь нэса цӀыхухэм зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэм захуэдвгъэгъазэ. Ди фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэхэр аргуэру дывмыгъэгъэтӀылъыж. А лъабжьэ хъужыр мыращ: ЛӀэныгъэ къызыхэкӀыну Ӏуэху мыхъумыщӀэу фщӀахэм фахущӀегъуэжыныр, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэныр;


Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.


НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ.


Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan