Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Си къуэшхэ, сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ слъытэркъым, ауэ зы Ӏуэху закъуэ сощӀэ: блэкӀа Ӏуэхухэр сщыгъупщэжурэ, сяпэкӀэ ит Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсынум и ужь ситщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:13
15 Iomraidhean Croise  

Ялэжьам елъытауэ ядэпсэу, яхуэфащэмкӀэ етэж абыхэм; я бзаджэщӀагъэ егъэпшыныж, я ӀэщӀагъэ пегъуэкӀ егъэгъуэтыж.


ЩӀыгу гъунэм нэсу зауэхэр щегъэувыӀэ, зэпеч шабзэпсыр, зэпеуд бжыр, мафӀэм пэредзэри, мэӀухэр егъэс.


Зыщ нэхъ узыхуейр. Мэрием Ӏыхьэ нэхъыфӀыр къыхихащ, а ӀыхьэфӀыр абы Ӏахыжынукъым.


– ПхъэӀэщэкӀыр зубыдауэ щӀыбагъымкӀэ зэплъэкӀыжыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм хуэлэжьэну хуэфащэкъым, – жриӀащ Хьисэ абы.


Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, фи деж сыщыщыӀам, фыкъысхуэӀурыщӀэу фызэрыщытам хуэдэу, иджы, фи деж сыщыщымыӀэми, абы нэхърэ нэхъ куэдкӀэ фыкъысхуэӀурыщӀэн хуейщ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фымыкӀуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит,


А сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ, е си щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса сыхъуауэ жысӀэркъым. Ауэ а Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсыным сыхущӀокъу, Мэссихь Хьисэ и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну къызэрыслъэӀэсам хуэдэу.


Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун


Мэссихь теухуа, япэ дыдэ фагъэщӀа Ӏуэхухэм дыблэвгъэкӀи, зи ныбжь нэса цӀыхухэм зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэм захуэдвгъэгъазэ. Ди фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэхэр аргуэру дывмыгъэгъэтӀылъыж. А лъабжьэ хъужыр мыращ: ЛӀэныгъэ къызыхэкӀыну Ӏуэху мыхъумыщӀэу фщӀахэм фахущӀегъуэжыныр, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэныр;


Мы пэжыр фэркӀэ мынахуэу щремыт, фӀыуэ слъагъухэ: Зиусхьэным дежкӀэ зы махуэр илъэс миным хуэдэщ, илъэс минри зы махуэм хуэдэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan