Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Мэссихь зыхуэдэр зэзгъэщӀэну сыхуейщ, ар лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къыхэкӀ лъэкӀыныгъэр зыхуэдэри зэзгъэщӀэну сыхуейщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм си Ӏыхьэр яхэлъыну, ар щылӀэм зэрыщытам хуэдэу, сэри сыхъуну сыхуейщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:10
34 Iomraidhean Croise  

– Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ. Ауэ си ижьырабгъумкӀэ е си сэмэгурабгъумкӀэ фыкъэтӀысыну хуит фысщӀын слъэкӀынукъым. А тӀысыпӀэхэр си Адэм зыхуигъэхьэзыра цӀыхухэм яйщ.


Сэ си псэр зыми стрихыркъым, сэр-сэру сот. Ар стынуи зыхэзгъэхьэжынуи лъэкӀыныгъэ сиӀэщ. Ар си Адэ къысхуищӀа и унафэщ.


ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.


Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи.


Тхьэм къыхиха цӀыхухэр езым и Къуэм хуэдэ хъуну игъэуващ, и Къуэр къуэш куэдым я пэ итын щхьэкӀэ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, (ди Тхьэ), уэр щхьэкӀэ даукӀынкӀэ махуэ къэс шынагъуэщ. Мэл фӀэгъэжыныпхъэхэм хуэдэу далъытэ».


Гъунэгъу дыдэ къытхуэхъуа лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжащ абы икӀи дяпэкӀэ дыкъыӀэщӀихышыжынущ. Фэ Тхьэм фызэрелъэӀумкӀэ фыкъыддэӀэпыкъуурэ, Тхьэм аргуэруи лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжыну дыщогугъ.


Мэссихь ишэча гугъуехьхэм ди Ӏыхьи куэду зэрыхэлъым хуэдэу, Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм дигу икъукӀэ егъэзагъэ.


ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу жорым ираӀулӀауэ щыт пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ иджы псэущ. Мэссихь ди псэм щыщу дэри лъэкӀыныгъэ димыӀэ пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дэри Мэссихь ди гъусэу дыпсэунущ, дыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ.


Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.


ИкӀэм-икӀэжым, зыми сремыгъэгузавэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уӀэгъэ дыркъуэхэр сэ си пкъым щӀытелъыр Мэссихь сызэрыхуэлажьэр арщ.


Апхуэдэу, дэ псоми Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэу, ар зыхуэдэри тщӀэуэ, зы дыхъунущ икӀи Мэссихь и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса дыхъунущ.


Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун


Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.


Гуэныхь зэрыфщӀам икӀи фигукӀэ сунэт фызэрамыщӀам щхьэкӀэ лӀахэм фахуэдэу фыщытащ, ауэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу фыкъигъэпсэужащ. Ди гуэныхь псори къытхуигъэгъуащ абы.


Мэссихь фригъусэу Тхьэм лӀахэм факъыхигъэтэджыкӀыжащ. Аращи, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу Мэссихь здэщыӀэ уафэм и Ӏуэхухэм я ужь фит.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


Си пкъым и шэтырым сыщӀэтыху, мы Ӏуэхухэр фи гум къэзгъэкӀыжурэ фыкъэзгъэушыныр фӀыуэ солъытэ.


Тхьэр зэрытщӀэр пэжу къэзыгъэнаӀуэр абы и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэр арщ.


Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым игъэзащӀэмэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ а цӀыхум игу илъ хъуащ. Тхьэр ди псэм зэрыщыщыр дэзыгъащӀэр мыращ:


ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan