Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ фыгуфӀэ. А Ӏуэху дыдэхэр аргуэру ныфхуэстхыжыну сэркӀэ гугъукъым, ахэр зэрыстхми и фӀагъ къывэкӀынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:1
46 Iomraidhean Croise  

Израил ирегуфӀэ ар къэзыгъэщӀам и хьэтыркӀэ; Цион и къуэхэр я Пащтыхьым хурегуфӀэ.


Зиусхьэным къиухэсар игъащӀэкӀэ щыӀэнущ; и гупсысэхэри лӀэужь псоми ядызекӀуэнущ.


И акъыл имытыж хуэдэу Абимэлэк и пащхьэм зыкъыщищӀри, абы деж кърахуу щыхыхьэжым, Даут иуса уэрэд.


Губжьу къысхууиӀэм си Ӏэпкълъэпкъым щӀыпӀэ псэу къыхинаӀакъым; гуэныхьу сиӀэхэм сагъэпсэуркъым узыншэу.


СекӀуэлӀэнщ Тхьэм и къурмэнщӀыпӀэм, Тхьэуэ лъэщу сызыгъэгуфӀэм деж; Уэ, си Тхьэ, уи щытхъур шыкӀэ пшынэмкӀэ згъэӀунщ.


Я къуаншагъэм ирехьыж ахэр, си Тхьэ, я гухэлъ бзаджэхэм трекӀуэдэж; гуэныхьу ящӀар бэщ, зыкъыпхуаӀэтащи, уи пащхьэ иумыгъэт ахэр.


ХужыфӀэ Зиусхьэным уэрэдыщӀэ; гъэщӀэгъуэныщэщ Абы и ӀэщӀагъэхэр. И Ӏэ ижьымрэ и лъэкӀыныгъэ лъапӀэмрэ текӀуэныгъэр Абы къыхудахащ.


Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.


СымыкӀуэду сыкъезыгъэл Тхьэм ину сыщогуфӀыкӀ,


ДымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлыну къудейркъым – ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь Тхьэм дыщегъэгуфӀыкӀ. Мэссихьщ Тхьэм дезыгъэкӀужар.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.


ИкӀэм-икӀэжым, Зиусхьэным и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къару зивгъэӀэ.


Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.


Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.


Си къуэшхэ, фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехь зэхуэмыдэхэм фыхуэзэмэ, ар гуфӀэгъуэу флъытэ,


ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.


Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.


Мыр етӀуанэ тхылъу ныфхузотх, фӀыуэ слъагъухэ. А тхылъитӀымкӀи мы Ӏуэхугъуэхэр фигу къэзгъэкӀыжурэ щыпкъагъэр къывгурызгъэӀуэну сыхэтщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan