Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Аращи, Тхьэм ар игъэинри, цӀэ псоми нэхърэ нэхъ цӀэшхуэр къритащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:9
46 Iomraidhean Croise  

Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


Тхьэм хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэгъуэм уи щӀыхь пхуэсщӀынщ, Зиусхьэн, сигу псори къыздеӀэу.


Шынагъэ хузиӀэхэм Абы ерыскъы къарет; зэгурыӀуэныгъэу къарищӀылӀар игу илъ зэпытщ игъащӀэм.


Зиусхьэн унэшхуэм щыхаса жыгхэм хуэдэу, ди Тхьэм и унэшхуэ пщӀантӀэм къыщощхьэлъэ.


– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм захуигъазэри, жиӀащ итӀанэ: – Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.


И ӀэмыщӀэм Адэ лъапӀэм псори къызэрырилъхьари, Тхьэм зэрыщыщри, Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищӀэрти,


Сэ дунейм сытетыжынукъым иджы, ауэ ахэр дунейм иджыри тетщ. Сэ уи деж сынэкӀуэжынущ. Си Адэ лъапӀэ, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр къэхъумэ, уэрэ сэрэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ.


Сэ абыхэм сыщрагъусам, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр схъумащ икӀи сахуэсакъащ. КӀуэдын хуей цӀыхум фӀэкӀа абыхэм ящыщ зыри кӀуэдакъым, Тхьэм и псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэ.


Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.


Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


Тхьэм и мураду игъуэ къыщыскӀэ игъэзэщӀэнур уафэми щӀылъэми щыӀэ псори зы ищӀурэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувэну аращ.


Аращ пкъыуэ члисэ зэхуэсым и щхьэр. Аращ члисэ зэхуэсыр зэфӀэзыгъэувари, лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжари. Апхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкӀи япэр аращ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм цӀыхухэм щӀыхьышхуэ хуевгъэщӀынущ абыкӀэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀи фэри щӀыхь фиӀэ хъунущ. Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ я нэфӀ къызэрыфщыхуэм тету апхуэдэу хъунущ.


Тхьэм «си Къуэ» жиӀэу, абы къызэреджэ цӀэр мелыӀычхэм я цӀэм нэхърэ зэрынэхъ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и Къуэр мелыӀычхэм я щхьэ ищӀащ.


Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу, бзаджагъэр плъагъу хъуркъым. Абы щхьэкӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм уи гъусэхэм нэхърэ гуфӀэгъуэм и дагъэр уэ нэхъ къыпщихуащ».


Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Хьисэ гугъуехь ишэчурэ зэрылӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы щӀыхьышхуэрэ лъытэныгъэшхуэрэ зэрыхуигъэфэщар долъагъу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Хьисэ цӀыху псоми я пӀэкӀэ лӀэныгъэр илъагъун папщӀэ, Тхьэм ар зытэлайкӀэ мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу ищӀащ.


Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр», жиӀэу, щӀыхьышхуэ зиӀэу Тхьэуэ Лъагэм и макъыр Хьисэ щызэхригъэхым, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм лъытэныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ абы хуигъэфэщащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къуэшхэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм дэӀэпыкъуныгъэ щымыгугъыу, Мэссихь и цӀэм щхьэкӀэ гъуэгум техьащ.


Хьисэ Мэссихьщ щыхьэт пэжыр, япэу лӀахэм къахэтэжыкӀыжар арщ, щӀылъэм тет пащтыхьхэм я пашэр аращ. Абы фӀыуэ делъагъу, и лъыр жорым зэрыщыщӀэкӀам щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ.


Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».


Пащтыхьхэм я Пащтыхь, зиусхьэнхэм я Зиусхьэн жыхуаӀэ цӀэр абы и джанэ кӀыхьми и куэми тетт.


Си тахътэм къыщызбгъэдэсыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр, сэри текӀуэныгъэр къэсхьу, си Адэм и тахътэм езым сызэрыщыбгъэдэтӀысхьам хуэдэу.


Абыхэм макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу жаӀащ: «ЛъэкӀыныгъэшхуэр, къулеигъэшхуэр, акъылыфӀагъэр, къаруушхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, фӀыщӀэшхуэр Щынэ фӀагъэжам хуэфащэщ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan