ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр6 Тхьэм и хьэл-щэныр Мэссихь Хьисэ хэлъа пэтми, Тхьэм зэрыхуэдэм и фӀагъ езым и щхьэм къригъэкӀыжыну и ужь итакъым. Faic an caibideil |
Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.
Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.