5 Фи гупсысэкӀэр Мэссихь Хьисэ и гупсысэкӀэм хуэдэ ирехъу:
Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;
Хэт нэхъ иныр: Ӏэнэм бгъэдэсыра, хьэмэрэ щхьэгъэрытыра? Ӏэнэм бгъэдэсыракъэ? Ауэ сэ щхьэгъэрытым хуэдэу сыфхэтщ.
Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.
Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыӀэхэм дазэрыдэӀэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкӀи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиӀа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: «Къуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ».
Уэ шхыну пшхым щхьэкӀэ уи къуэшым и жагъуэ пщӀымэ, фӀылъагъуныгъэм тету упсэуркъым. Уэ шхыну пшхымкӀэ уи къуэшу Мэссихь зыхуэлӀар зыфӀумыгъэкӀуэд.
Мэссихьи езым и фӀагъ зригъэкӀыжакъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, си Тхьэм, къыпхущӀэджащ, ауэ жаӀахэр сэ къыстехуащ».
Теубыдагъэрэ гушхуэныгъэрэ къыдэзыт Тхьэм, зы гупсысэкӀэ фиӀэу, Мэссихь Хьисэ и гъуэгу фрикӀуэу фрегъэпсэу.
Сэри сщӀэ Ӏуэху псомкӀи цӀыху псоми я гум сызэрырихьыным сыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си фӀагъкъым зи ужь ситыр, атӀэ цӀыху куэдым я фӀагъщ, ахэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ.
Мэссихь фӀыуэ дилъагъуу, мэ ӀэфӀ зыпих саугъэту икӀи Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэу дэр щхьэкӀэ и псэр зэритам хуэдэу, фи гум фӀылъагъуныгъэ илъу фыпсэу.
Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх.
Апхуэдэу фыпсэуну Тхьэм фыкъыхуриджащ, Мэссихьи фэр щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикӀуэн папщӀэ, щӀапхъэхэр фигъэлъэгъуащи.
Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.
«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.