Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:3
24 Iomraidhean Croise  

– Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.


Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.


Махуэм и нэхум хэт цӀыхухэм яхуэдэу, хабзэм тету дывгъэпсэу; щхьэрутӀыпщу фэ ешхэн-ефэным зыдедвмыгъэхьэх, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэм, зэщыхьэным, фыгъуэным дыхэвмыгъэт.


Ауэ цӀыху ерыщу, щыпкъагъэм хуэмыӀурыщӀэу, бзаджагъэм хуэӀурыщӀэхэм Тхьэм и губжьышхуэр къалъигъэӀэсынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апостолхэм ящыщу нэхъ цӀыкӀур сэращ, апостол къызжаӀэнуи схуэфащэкъым: Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэр исхуэкӀыу щытащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэщ иджыри. Фыгъуэнымрэ зэщыхьэнымрэ фяку щыдэлъкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ? Адрей цӀыхухэр зэрыщыт хабзэм хуэдэу, фэри фыщыткъэ?


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, сызэрыхуейуэ фэ фыщымыту фыкъэзгъуэту, фэри фызэрыхуейуэ сэ сыщымыту сыкъэвгъуэтынкӀэ сошынэ. Зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, зэгурымыӀуэныр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, бзэгу зехьэныр, зыкъыфӀэщӀыжыныр къыфхэхъыжьэу, Ӏуэхухэр зэхэвынэ хъункӀэ сошынэ.


Ауэ зэпымыууэ фызэдзэгъуу икӀи фызэрышхыу щытмэ, зыр зым зэримыгъэкӀуэдыным фыхуэсакъ.


ДыкъызыфӀэщӀыжу, дызэрыгъэгубжьу икӀи зыр зым дефыгъуэу дыщывмыгъэт.


Фымыпагэ, гущабагъэри шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ, фӀылъагъуныгъэкӀэ зым зыр ирешыӀэ.


Сыт фщӀэми, фымытхьэусыхэу икӀи фи гум шэч къивмыгъэхьэу, фщӀэ,


Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.


Ауэ иджы мыпхуэдэ Ӏуэху псори зыхэвныжын хуейщ: Губжьыныр, къызэщӀэплъэныр, бзаджагъэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, емыкӀу псэлъэкӀэр.


а цӀыхум и щхьэм куэд трелъхьэ икӀи зыри зэхищӀыкӀыжыркъым. Ар зэныкъуэкъунымрэ зэдэуэнымрэщ зыщӀэхъуэпсыр. А Ӏуэхухэм кърикӀуэр фыгъуэщ, зэгурымыӀуэнырщ, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынырщ, зым адрейм гурыщхъуэ хуищӀынырщ,


ИкӀэм-икӀэжым, зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащӀэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фӀыуэ фызэрылъагъуу, гущӀэгъу фиӀэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт.


Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan