Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 Фэ псори филъагъужыну ину щӀохъуэпс, зэрысымаджэр зэрызэхэфхам щхьэкӀи езыр мэгузавэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:26
23 Iomraidhean Croise  

– ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи.


Хьисэ Петррэ Зеведей и къуитӀымрэ здишэу кӀуа нэужь, нэщхъейуэ, гузавэу щӀидзащ.


Ар щызэхихым, Паул жэуап къитыжащ: – Сыт фщӀэр? Фыгъыу, сигу щхьэ хэвгъэщӀрэ? Сэ си Зиусхьэн Хьисэ и цӀэм щхьэкӀэ Ерусалим сыщапхын дэнэ къэна, сыщылӀэнуи сыхьэзырщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фигухэр зыгъэбыдэн фӀыгъуэ гуэр фэзгъэгъуэтын щхьэкӀэ, фыслъагъуну куэду сыхуейщ.


Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ГухэщӀышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ сиӀэщ.


Аращи, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэр гугъу ехьмэ, ар пкъым щыщ пкъыгъуэ псоми дашэч. Апхуэдэу, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэрым пщӀэ игъуэтмэ, абы а пкъым щыщ пкъыгъуэ псори догуфӀэ.


Тхьэм и нэфӀ ину къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ гухуабагъэ къыфхуаӀэу Тхьэм фхуелъэӀунущ ахэр.


Зым и хьэлъэр адрейм дреӀэт. Апхуэдэу хъумэ, Мэссихь и унафэр вгъэзэщӀауэ арщ.


Аращи, си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, гугъуехь зэрысшэчым щхьэкӀэ фи гур фымыгъэныкъуэну сыныволъэӀу. Сэ сшэч а гугъуехьым фэркӀэ фӀы хэлъщ.


Хьисэ Мэссихь и фӀылъагъуныгъэр си гум илъу сэ фӀыуэ фызэрыслъагъумкӀэ Тхьэр си щыхьэтщ.


Абы нэмыщӀу, Епафродит ныфхуэзгъэкӀуэжын хуейуэ солъытэ. Ар дэ ди къуэшщ, абырэ сэрэ дызэдэлэжьащ, хъыбарыфӀми дызэгъусэу дыхущӀэкъуащ. ДэӀэпыкъуэгъу сыхуэныкъуэ щыхъум, къыскӀэлъыплъын щхьэкӀэ ар лӀыкӀуэ къысхуэфщӀащ.


Пэжщ, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ сымэджащ. Ауэ Тхьэм гущӀэгъу къыхуищӀащ, абы и мызакъуэу, сэри гущӀэгъу къысхуищӀащ, си гум къемыуэн даӀимауэ щхьэкӀэ.


Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.


Аращи, гугъуехь зэмылӀэужьыгъуэхэр зымащӀэкӀэ зэрыфшэчыр иджыпстукӀэ фигу къеуэми, фогуфӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan