Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 Абы нэмыщӀу, Епафродит ныфхуэзгъэкӀуэжын хуейуэ солъытэ. Ар дэ ди къуэшщ, абырэ сэрэ дызэдэлэжьащ, хъыбарыфӀми дызэгъусэу дыхущӀэкъуащ. ДэӀэпыкъуэгъу сыхуэныкъуэ щыхъум, къыскӀэлъыплъын щхьэкӀэ ар лӀыкӀуэ къысхуэфщӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:25
19 Iomraidhean Croise  

Пэж дыдэр нывжызоӀэ, ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым; апхуэдэуи, лӀыкӀуэр езыр зыгъэкӀуам нэхърэ нэхъыщхьэкъым.


Уэ дунейм сыкъызэрыбгъэкӀуам хуэдэу, сэри ахэр дунейм згъэкӀуащ.


Прискиллэрэ Акилэрэ, Хьисэ Мэссихь си гъусэу хуэлажьэхэм, фӀэхъус схуефхыж.


Ди гъусэу Мэссихь хуэлэжьа Урбанрэ фӀыуэ слъагъу Стахийрэ фӀэхъус схуефхыж.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэгъусэу Тхьэм дыхуолажьэ. Фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ, Тхьэм иухуэ унэм фыхуэдэщ.


гузэгъэгъуэ згъуэтакъым, си къуэш Тит абы щызгъуэтэкъыми. Арати, къуэшхэм я Ӏэхэр субыдыжри, Македоние хэкум сыкӀуэну гъуэгум сытехьэжащ.


Фэ псори филъагъужыну ину щӀохъуэпс, зэрысымаджэр зэрызэхэфхам щхьэкӀи езыр мэгузавэ.


Фи тыгъэ псори къысӀэщӀыхьащ, схурикъури къызэлыжащ. Епафродит къысхуевгъэхьа тыгъэхэр къысӀэщӀыхьащи, сызыхуэныкъуэ щыӀэкъым. Ахэр Тхьэм ищтэ къурмэныпхъэу и гум ирихьу, мэ ӀэфӀ къызыпихым хуэдэщ.


Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.


ФӀыуэ тлъагъу, къыддэлажьэ Епафрас хъыбарыфӀыр фигъэщӀащ. Абы и фӀагъ къывигъэкӀыурэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ хуолажьэ.


ИусткӀэ зэджэ Исус фӀэхъус къывехыж. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къыздэлажьэ цӀыхухэм яхэт журтхэр аркъудейщ. Абыхэм ину сагъэгушхуащ.


Тимофей фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ.


Сэ къыздэлажьэ Марк, Аристарх, Димас, Лука сыми фӀэхъус къыуахыж.


Си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и бын фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ. Аращи, ди фӀэщхъуныгъэм и дин пашэшхуэ хъун щхьэкӀэ Тхьэм къытхуигъэкӀуа Хьисэ фегупсыс.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan