Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 Тимофейм фӀэкӀа, и фӀэщу къыфхуэгузавэ нэгъуэщӀ зыри сиӀэкъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:20
16 Iomraidhean Croise  

Ди Тхьэ, псалъэ быдэу уэстар згъэпэжын хуейуэ си хьэкъщ сэ, щӀыхь къурмэнхэр пхуэсщӀынщ.


А лӀыр щӀыщӀэпхъуэжыр пщӀэкӀэ лажьэурэ, хамэ мэлхэр хъымпӀар ищӀыркъыми, арщ.


Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.


Теубыдагъэрэ гушхуэныгъэрэ къыдэзыт Тхьэм, зы гупсысэкӀэ фиӀэу, Мэссихь Хьисэ и гъуэгу фрикӀуэу фрегъэпсэу.


Тимофей накӀуэмэ, фи деж шынагъуэ щыхэвмыгъахуэ. Сэ схуэдэу, абыи Зиусхьэным и Ӏуэху ещӀэ.


Абы щыгъуэ си гуфӀэгъуэр иривгъэкъу: Фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, а зы фӀылъагъуныгъэр фрыреӀэ, зэнэзэпсэу фыщыт.


Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.


ИусткӀэ зэджэ Исус фӀэхъус къывехыж. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къыздэлажьэ цӀыхухэм яхэт журтхэр аркъудейщ. Абыхэм ину сагъэгушхуащ.


Уэ, Тимофей, фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ, си къуэ пэжым хуэдэ хъуам, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэнымрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.


Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ.


Уи фӀэщхъуныгъэ щыпкъэр си гум къокӀыж. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэр уи анэшхуэу Лоидэрэ уи анэ Евникэрэ я гум илъу щытащ нэхъапэм; иджы ар уи гум зэрилъым сыщогугъ.


Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan