Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 ГъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр фи Ӏэм илъу, дуней кӀыфӀым къыхэцӀуукӀ вагъуэхэм хуэдэу а цӀыхухэм факъыхэлыдыкӀынущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, сызэрыфхуэлэжьар икӀи сызэрыфхуешар пщӀэншэ зэрымыхъуам Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм сригуфӀэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:16
24 Iomraidhean Croise  

ЖаӀэ: зыгъэлӀэн уз къеуэлӀащ абы, ар къэтэджыжынукъым.


абы и цӀэр игъащӀэкӀэ щреӀэ, иремыкӀуэд дыгъэр щыӀэху. Лъэпкъхэм абы и хьэтыркӀэ Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. ЦӀыху лъэпкъ псоми Ар гъуэгу махуэ теувауэ жреӀэ.


КӀыфӀыгъэм щывжесӀэ псори махуэ нэхум щыфӀуэтэж. Фи тхьэкӀумэхэкӀэ къиӀущащэу зэхэфхар унащхьэхэм фытету цӀыхухэм яхуэфӀуатэ.


– ВжызоӀэ, сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм, си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм сэри щыжысӀэнущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къезытыр. Си пкъыр фэзгъэшхын щхьэкӀэкъым ар щӀыжысӀэр. Ар сэбэп хъужынукъым. НывжесӀа псалъэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ ящӀ.


– Зиусхьэн, хэт деж дыкӀуэн? – къыжриӀащ Симон Петр Хьисэ. – МыкӀуэдыжын гъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр уи куэдщ.


(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.


Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, и кӀэм нэсыху гъуэгу захуэм быдэу фытригъэтынущ.


Аращи, сыщыжэкӀэ, сыздэжэ щӀыпӀэр сымыщӀэу аракъым. Жьым ӀэштӀымкӀэ хэуэм сыхуэдэкъым.


Ерусалим сыкӀуэн хуейуэ Тхьэм къызгуригъэӀуати, сыкӀуащ. Хамэ лъэпкъхэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀыр унафэщӀ къуэшхэм я закъуэу я пащхьэм щысӀуэтащ, сэ злэжь икӀи злэжьа Ӏуэхур пщӀэншэ мыхъун щхьэкӀэ.


Фэр щхьэкӀэ согузавэ, сэ гугъу пщӀэнщэу зывдезмыгъэхьауэ пӀэрэ фэ?


Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.


Тхьэм фи гум щиубла Ӏуэхур Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху зэрыригъэкъужынум сыщогугъ.


ДызыгъэгуфӀэри дызыпэплъэ ди ӀыхьэфӀыр диӀэ зэрыхъуным дыщызыгъэгугъри фэракъэ? ТекӀуэныгъэр къызэрытхьар къэзыгъэлъагъуэ тажу, Зиусхьэн Хьисэ къыщыкӀуэжыну махуэм абы и пащхьэм дыщызэрыпэгэнур фэракъэ?


Аращи, нэхъыбэ схуэмыхьыжу, фи фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ Тимофейр фи деж нэзгъэкӀуащ. ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэщӀэну и ужь ит шейтӀаным зыгуэркӀэ фыдихьэхыу, ди Ӏуэхур пщӀэншэ хъуакӀэ сышынат.


Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.


щӀэрыщӀэу фыкъалъхужащи. ЩӀэрыщӀэу фыкъызэралъхужар кӀуэдыжыну жылэкъым, атӀэ мыкӀуэдыжын жылэщ. А жылэр гъащӀэ къызыхэкӀыу, Тхьэм и псалъэу игъащӀэкӀэ зызымыхъуэжынуращ.


ЩӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ щыӀауэ, дэ зэхэтхауэ, ди нэкӀи тлъэгъуауэ, дызэплъауэ, ди ӀэхэмкӀэ дызытеӀэбар цӀыхухэм гъащӀэ езыт Псалъэр арщ, аращ зи хъыбар къэтӀуатэр.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan