Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 езым игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм фахуеинуи влэжьынэуи лъэкӀыныгъэ къывэзытыр Тхьэращи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:13
39 Iomraidhean Croise  

Абы и Ӏуэхур икъукӀэ щытхъу зыпылъщ, дахэщ, игъащӀэкӀэ щыӀэнщ Абы и щыпкъагъэ.


Ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ соплъэ, ауэ зыми гу къыслъитэркъым сэ; щхьэегъэзыпӀэ сиӀэжкъым, зы цӀыхуми сыкъридзэжыркъым.


– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.


«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».


– Тхьэм лъимыгъэкӀмэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым, – жиӀащ Иуан.


Бегъымбархэм мыпхуэдэу ятхащ: «Тхьэм абыхэм псоми щыпкъагъэр яригъэщӀэнущ». Адэ лъапӀэм жиӀэм едаӀуэу, ахэр зэзыгъащӀэ дэтхэнэри си деж къэкӀуэнущ.


Хьисэ жиӀащ: – Мис аращ «Адэ лъапӀэм лъимыгъэкӀмэ, си деж зыри къэкӀуэфынукъым», щӀывжесӀауэ щытар.


Зиусхьэныр я гъусэт абыхэм икӀи цӀыху куэд, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуурэ, Зиусхьэным и гъуэгу техьащ.


Тхьэм и нэфӀыр сэ къызэрысщыхуам щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэми жызоӀэ: зыкъыфӀэмыщӀыж икӀи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фӀэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщӀыкӀ уиӀэу зэплъыж.


ЩӀалэхэр къамылъхуауэ, ери фӀыри ямыщӀауэ, Тхьэм Ревеккэ къыжриӀащ: «Нэхъыжьыр нэхъыщӀэм хуэӀуэхутхьэбзэщӀэнущ». Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар цӀыху гуэр къызэрыхихымкӀэ езым и мурадыр игъэзэщӀэну арщ. ЦӀыхум ищӀа Ӏуэхухэм емылъытауэ, зыхуей цӀыхур Тхьэм езым къыхех,


Аращи, Тхьэм цӀыху гуэр къызэрыхихыр зэпхар цӀыхур зыхуейр е абы ищӀэ Ӏуэхухэр аркъым, атӀэ езы Тхьэм и гущӀэгъуныгъэшхуэр арщ.


Тхьэм цӀыхухэм Ӏуэху ящӀэну лъэкӀыныгъэ зэраритыр зэхуэмыдэщ, ауэ а Ӏуэху псори цӀыху псоми ящӀэну лъэкӀыныгъэ езыт Тхьэр зыщ.


Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.


Дэр-дэру ди лъэкӀыныгъэкӀэ зыгуэр къэдгупсысыфу жытӀэркъым, лъэкӀыныгъэ къыдэзытыр Тхьэращ.


Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм дэри ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсащ. Тхьэм иуха мурадым тету а ӀыхьэфӀыр къытлъысыну куэд щӀауэ игъэуващ. Езыращ и мурадымрэ зыхуеймрэ тету Ӏуэху псори зыгъэзащӀэр.


Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм езым и бынхэм хуэдэу дищтэну куэд щӀауэ иухащ, игъуэу зэрилъытамрэ и мурадымрэ тету.


Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.


Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ.


Аращ фэр щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ дыщӀелъэӀур. Тхьэм фыкъызэрыхуриджам тету, и быну фыщытыну къыфхуигъэфэщэну долъэӀу. Фи гухэлъыфӀ псори, фи фӀэщхъуныгъэм къыхэкӀ ӀуэхуфӀ псори и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ и кӀэм зэрынигъэсыным Тхьэм долъэӀу.


Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,


Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan