Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, фи деж сыщыщыӀам, фыкъысхуэӀурыщӀэу фызэрыщытам хуэдэу, иджы, фи деж сыщыщымыӀэми, абы нэхърэ нэхъ куэдкӀэ фыкъысхуэӀурыщӀэн хуейщ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фымыкӀуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:12
41 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэным фыфӀэлӀыкӀыурэ фыхуэлажьэ, фи гур къилъэту фыгуфӀэ*.


УмэхъакӀуэ Иуан* и махуэхэм къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым цӀыхухэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчащ икӀи бзаджащӀэхэм а тепщэныгъэшхуэр залымыгъэкӀэ яубыдыну и ужь итщ;


Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;


Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм зыгуэрым уэздыгъэ нэху къригъэхьащ, лъэхъуэщым щӀэлъадэри, Паулрэ Силэрэ я лъабжьэм кӀэзызу зыщӀидзащ.


Къэтэджи, къалэм дыхьэ. Уэ пщӀэн хуейр зыгуэрым къыщыбжиӀэнущ абдежым.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


Къару симыӀэу, сышынэу, сигури ину къикӀэзызыкӀыу фи деж сыщыӀащ.


ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэкъым мыр ныщӀэстхыр, си бын лъапӀэхэм фахуэдэу къывгурызгъэӀуэн щхьэкӀэщ.


Фэ псори езым фызэредэӀуар икӀи фышынэу, фигухэр кӀэзызу фызэрыхуэзар Тит игу къыщыкӀыжкӀэ, икъукӀэ къыфхуэарэзыщ.


Фэ, унэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм фащышынэу, фигури къикӀэзызыкӀыу федаӀуэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ фызэредаӀуэм хуэдэу, абыхэми федаӀуэ.


Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,


МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и мызакъуэу, Мэссихь щхьэкӀэ гугъуехь фшэчынуи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ хуит фищӀащ.


япэрей махуэм къыщыщӀэдзауэ нобэм къэсыху хъыбарыфӀым хуэзлэжьа Ӏуэхум фи Ӏыхьи хэлъщи.


Тхьэм фи гум щиубла Ӏуэхур Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху зэрыригъэкъужынум сыщогугъ.


Тимофей куэд мыщӀэу ныфхуэзгъэкӀуэфынкӀэ Зиусхьэн Хьисэ сыщогугъ, фи хъыбархэр зэхэсхыу си гур псэхужын щхьэкӀэ.


Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.


Фэ, Филиппи къалэм дэсхэм, зэрыфщӀэщи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн щӀэздзауэ Македоние хэкум сыкъыщикӀым, дэӀэпыкъуэгъу хъунымрэ дэӀэпыкъуэгъум пэкӀуэр игъуэтыжынымрэ я ӀуэхукӀэ фэр фӀэкӀа члисэ зэхуэсхэм ящыщ зыри гъусэ къысхуэхъуакъым.


Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.


Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.


Аращи, апхуэдэ щыхьэт гупышхуэ дяпэ иту зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дэтхэнэ хьэлъэу ттелъымрэ гуэныхьу дызэщӀэзубыдэмрэ зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диӀэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж.


Тхьэм и гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэнумкӀэ дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхур зэримыхъуэкӀауэ зэрыщытым иджыри тетщи, фэ фщыщ гуэр абы щӀэмыхьауэ къызэрымынэным фыхуэсакъ.


Аращи, а гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэным и ужь дивгъэт. Ди адэжьхэм Тхьэм едэӀуэну зэрамыдам хуэдэу, дэ тщыщ гуэр Тхьэм емыдаӀуэу щремыт. Ар мыхъумэ, а цӀыхур Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнукъым.


И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ,


ФӀыуэ слъагъухэ, фэ, хамэу икӀи мы дунейм хэхэсу щыпсэухэм, хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ фи псэхэм къыпэувхэм пэӀэщӀэ зыфщӀыну сыныволъэӀу.


Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan