Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 бзэ псоми Хьисэ Мэссихь зэры-Зиусхьэныр псоми я пащхьэм къыщыжаӀэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэуи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:11
30 Iomraidhean Croise  

Тхьэм хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэгъуэм уи щӀыхь пхуэсщӀынщ, Зиусхьэн, сигу псори къыздеӀэу.


– Си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр си Адэу уафэм щыӀэм и пащхьэм сэри щыжысӀэнущ.


ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ.


Апхуэдэу щыт пэтми, журт пашэхэми ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, ауэ цӀыхухэм я пащхьэм ар щыжаӀэртэкъым, «Синэгуэгум дыкъыщӀахунущ», жаӀэри, фарисейхэм ящышынэрти.


Фэ «Дин егъэджакӀуэкӀэ» икӀи «ЗиусхьэнкӀэ» фыкъызоджэ; жыфӀэр пэжщ, апхуэдэуи сыщытщ.


Сэ фи Зиусхьэну икӀи фи дин егъэджакӀуэу сыщыт пэтми, фи лъакъуэхэр фхуэстхьэщӀащ. Фэри зым адрейм и лъакъуэхэр хуэфтхьэщӀын хуейщ.


Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ сыткӀэ фелъэӀуми, ар сэ фхуэсщӀэнущ, Адэ лъапӀэм и щӀыхьышхуэр абы и Къуэм цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.


– Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъум си псалъэхэр игъэзэщӀэнущ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си Адэми ар фӀыуэ къилъагъунущ, а цӀыхум деж дыкъэкӀуэнурэ, абы и псэм щыщ дыхъунущ.


А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ: – Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.


– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.


цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.


ЛӀым и адэ-анэм ар щӀыжаӀар журтхэм ящышынэрти, аращ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихьу зылъытэ дэтхэнэри синэгуэгум щӀахуну журтхэр зэгурыӀуат.


Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.


– Аращи, Израил цӀыху псоми мыр быдэу зэвгъащӀэ: фэ жорым ефӀулӀа Хьисэ Тхьэм Зиусхьэн икӀи Мэссихь ищӀащ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Сэ сыпсэущ, жеӀэ Зиусхьэным, си пащхьэм цӀыху псори лъэгуажьэмыщхьэу къиувэнущ. Дэтхэнэ зы бзэми сэ сызэры-Тхьэр къыжиӀэнущ».


Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ.


Абы нэмыщӀуи, Хьисэ и фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар хамэ лъэпкъхэм Тхьэм и гущӀэгъум папщӀэ щӀыхь хуаригъэщӀын щхьэкӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Абы щхьэкӀэ, уэ, си Зиусхьэн, хамэ лъэпкъхэм сахэту уи щӀыхьыр сӀэтынущ, щӀыхь уэрэдхэри уи цӀэкӀэ къыжысӀэнущ».


Аращи, мыр къывгурызгъэӀуэну сыхуейщ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ къэпсалъэу, Хьисэ ебгын зыми лъэкӀынукъым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ мыхъумэ, зыми «Хьисэщ Зиусхьэныр» жиӀэфынукъым.


Япэрей цӀыхур мы дунейм щыщу щытащ, Тхьэм ар ятӀэм къыхигъэхъукӀащ. ЕтӀуанэрей цӀыхур уафэм щыщщ – Зиусхьэныр арщ.


дэ зы Тхьэ закъуэщ диӀэр, ар Адэ лъапӀэр арщ. Псори къэзыгъэщӀар езыр арщ, езым щхьэкӀэ дэри дыпсэущ. Зы Зиусхьэн закъуэщ диӀэр, ар Хьисэ Мэссихьщ. Тхьэм абы щыӀэ псори къригъэгъэщӀащ, абы гъащӀэ къыдет.


ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.


Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр зыщтэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр цӀыху гуэрым и гум илъмэ, ар къывэзыгъэщӀэнур мыращ: Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезымыхьэ дэтхэнэми игу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъщ.


Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуар зымыдэ цӀыху куэд – адрей цӀыхухэр къэзыгъапцӀэхэр дунейм къытехьащ. Апхуэдэ цӀыхухэр гъэпцӀакӀуэщ икӀи Антихристхэщ.


Абыхэм хуэдэу щыгъын хужьхэр щыгъынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым абы и цӀэр зэикӀ изгъэкӀуэдыкӀынукъым. Абы и цӀэр зэрысщӀэр си Адэмрэ абы и мелыӀычхэмрэ я пащхьэм щыжысӀэнущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan