8 Хьисэ Мэссихь и фӀылъагъуныгъэр си гум илъу сэ фӀыуэ фызэрыслъагъумкӀэ Тхьэр си щыхьэтщ.
Ди Тхьэм и гущӀэгъур инщ. Дыгъэ къыкъуэкӀым хуэдэу, ар уафэм къикӀынурэ къытхуэкӀуэнущ,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.
Мэссихь си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мы къыжысӀэнур пэжщ, пцӀы хэлъкъым. Ар зэрыпэжымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм шӀыгъуу сигури щыхьэт къысхуохъу.
ЛъэкӀыныгъэ димыӀэми, фэ лъэкӀыныгъэ фиӀэ щыхъукӀэ, догуфӀэ. Фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фищӀыну, Тхьэм долъэӀу.
Дигухэр фхуэдгъэбыдакъым, ауэ фэ фигухэр къытхуэвгъэбыдащ.
Фэ псори езым фызэредэӀуар икӀи фышынэу, фигухэр кӀэзызу фызэрыхуэзар Тит игу къыщыкӀыжкӀэ, икъукӀэ къыфхуэарэзыщ.
Ныфхуэстхар зэрымыпцӀымкӀэ Тхьэ соӀуэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм папщӀэ, фэ псори Тхьэм фрибынщ.
Си бынхэ, лъхугъэм гугъу иригъэхь цӀыхубз сыхуэдэщ фэр щхьэкӀэ, Мэссихь фи псэм щыщ хъуху.
Фи псэм щыщ Мэссихь фигъэгушхуэркъэ? Абы и фӀылъагъуныгъэм фи гукъеуэр фщхьэщихыркъэ? Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи псэм хэлъкъэ? Гухуабагъэрэ гущӀэгъуныгъэрэ зэхувиӀэкъэ?
Фэ псори филъагъужыну ину щӀохъуэпс, зэрысымаджэр зэрызэхэфхам щхьэкӀи езыр мэгузавэ.
Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.
Фэр щхьэкӀи, Лаодикие къалэм дэсу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щхьэкӀи, си напэр зымылъэгъуа псом щхьэкӀи хуабжьу сызэрылажьэр фэзгъэщӀэну сыхуейщ.
Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.
ГъафӀэбзэ нэпцӀкӀэ дызэрыфхущымытар фощӀэ, фи фӀагъ зэдгъэкӀыну гъэпщкӀуауэ муради диӀакъым. АбыкӀэ Тхьэр ди щыхьэтщ.
АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуати, Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтэн къудейр аркъым дызыхуеяр, атӀэ ди псэр фхуэттынуи дыхуеящ. АпхуэдизкӀэ фӀыуэ фытлъэгъуащ.
Уи нэпсхэр си гум къэкӀыжу, си гум гуфӀэгъуэ из хъун щхьэкӀэ, услъагъуну сыхуейщ.
Си псэм хуэдэу фӀыуэ слъагъу хъуа а цӀыхур иджы ныпхузогъэкӀуэж.
Аращ, си къуэш, Зиусхьэным щхьэкӀэ уи фӀагъ къызэгъэкӀ. Зиусхьэныр уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ си гур гъэзагъэ.
Зыгуэрым дуней мылъкур иӀэ пэтми, езым и къуэшым щыщӀагъэ иӀэу щилъагъукӀэ, ар фӀэгуэныхь мыхъумэ, абы и гум Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр илъын?