5 япэрей махуэм къыщыщӀэдзауэ нобэм къэсыху хъыбарыфӀым хуэзлэжьа Ӏуэхум фи Ӏыхьи хэлъщи.
ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэр апостолхэм я деж емызэшу щеджэ зэпытт, зэшхэм хуэдэу зэхэтт, щӀакхъуэ зэдэзэгуащӀыкӀырт, икӀи Тхьэм зэпымыууэ елъэӀурт.
Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэхэм ящыщ гуэрхэр Тхьэм къыпищӀыкӀри, уэ, губгъуэм ит зейтун жыг къудамэм хуэдэр, адрей къудамэхэм я пӀэм удигъэкӀащ. Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэ къэнахэм уращӀыгъуу а жыгым и лъабжьэми ипсми я фӀагъ къыуагъэкӀ.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр зыгуэр хуэныкъуэмэ, фадэӀэпыкъу. ХьэщӀэр зэрывгъэлъэпӀэным фыхущӀэкъу.
Македоние, Ахаие хэкухэм щыпсэууэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ящыщ тхьэмыщкӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ, ахъшэ зэхадзэну я гуапэу мурад ящӀащ.
Тхьэр щыпкъэщ. Езыращ и Къуэу Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным гъусэ фыхуэхъуну фыкъыхуезыджар.
Иджы, си къуэшхэ, Македоние хэкум щыщ члисэ зэхуэсхэм Тхьэм и нэфӀ къазэрыщыхуар фэдгъэщӀэну дыхуейщ.
А щэхур мыращ: Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэм я псэм щыщ хъууэ хъыбарыфӀыр зэращтам щхьэкӀэ, Тхьэм израил лъэпкъым къалъигъэс ӀыхьэфӀыр абыхэми къалъегъэс; а лъэпкъхэри израилхэм ящӀыгъуу зы пкъым щыщщ, Тхьэм израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа ӀуэхуфӀхэм абыхэми я Ӏыхьэ хэлъщ.
Фэ фщӀэну сыхуейщ, си къуэшхэ, сэ къызэхъулӀэ Ӏуэхухэм я фӀагъ хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и Ӏуэхум къызэрекӀар.
Япэрейхэм я гум зэщыхьэныр илъу, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм гуфӀеягъэкӀэ хуаӀуатэ. Си Ӏэпхлъэпхыр нэхъри нэхъ шэчыгъуей ящӀыну я гум илъщ.
Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,
Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.
Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, фи деж сыщыщыӀам, фыкъысхуэӀурыщӀэу фызэрыщытам хуэдэу, иджы, фи деж сыщыщымыӀэми, абы нэхърэ нэхъ куэдкӀэ фыкъысхуэӀурыщӀэн хуейщ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фымыкӀуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит,
Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.
Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.
Сэ сыбдэлажьэу сыплъытэмэ, сэ уэ укъызэрыспегъуэкӀынум хуэдэу, абыи пегъуэкӀ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.
Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.
Гъусэ фыкъытхуэхъун щхьэкӀэ, дэ тлъэгъуам икӀи зэхэтхам и хъыбар фхудоӀуатэ. Благъэ дызыхуэхъуар Адэ лъапӀэмрэ Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэщ.
Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекӀуэмэ, дызэгъусэщ, икӀи Тхьэм и Къуэу Хьисэм и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкӀыж.