Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и мызакъуэу, Мэссихь щхьэкӀэ гугъуехь фшэчынуи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ хуит фищӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:29
14 Iomraidhean Croise  

– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми гуэныхьу телъ псори щхьэщихынущ, ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм гуэныхьхэр фщхьэщихын лъэкӀынукъым.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.


Паулрэ Варнавэрэ Антиохием щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэр зэхуашэсри, Тхьэм абыхэм яригъэлэжьа Ӏуэху псори, хамэ лъэпкъ щыщхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ, Тхьэм бжэр къазэрыхузэӀуихари жраӀащ.


Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.


Абы и закъуэкъым: дэ тшэч гузэвэгъуэхэми дащогуфӀыкӀ, гузэвэгъуэ шэчыным теубагъэ къызэрыхэкӀыр дощӀэри.


Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фыкъригъэлащ фымыкӀуэду, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ. Ар къызпкърыкӀар фэракъым, ар Тхьэм и тыгъэщ.


Фыщаумэхъым, Мэссихь фригъусэу фыщӀалъхьэжащ. Фыщаумэхъым деж Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу лӀахэм факъыхигъэтэджыкӀыжащ.


Си къуэшхэ, фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехь зэхуэмыдэхэм фыхуэзэмэ, ар гуфӀэгъуэу флъытэ,


Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan