Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

27 Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:27
53 Iomraidhean Croise  

ГущӀэгъу къытхуэщӀ, Зиусхьэн, уи гущӀэгъум дыхыумын, сыту жыпӀэмэ ирикъункӀэ Ӏумпэм дапщӀащ дэ.


Зиусхьэным и ӀурыщӀэу, жэщым Абы и унэшхуэм щӀэт псори, фынакӀуэ, Зиусхьэным щӀыхь хуэдвгъэщӀ иджы!


Ауэ Хьисэ, абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, яжриӀащ: – Дэтхэнэ къэралри, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, зэхэкъутэнущ. Абы ещхьу, ар ирекъалэ е иреунагъуэ, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, щыӀэжын лъэкӀынукъым.


Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт.


Махуэ зыбжанэ дэкӀауэ, Феликс и щхьэгъусэ Друзиллэ и гъусэу къэкӀуащ. Друзиллэ журтт. Феликс и цӀыхухэм Паул къаригъашэри, ар едэӀуащ Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэ зэрыхъуну щӀыкӀэм зэрытепсэлъыхьым.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори ягурэ я псэкӀэ зыт. Зыми и мылъкум теухуауэ «Мыр сысейщ» жиӀэртэкъым, атӀэ яӀэ псори я зэхуэдэт.


Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым сытеукӀытыхьыркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр аращ Тхьэм и лъэкӀыныгъэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къезыгъэлыр – япэщӀыкӀэ журтыр, итӀанэ мыжуртыр.


Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм сыт яхэтыр? «Тхьэм и псалъэхэр уи благъэщ, уэ уи жьэми жьэдэлъщ, уигуми илъщ». А псалъэу фӀэщхъуныгъэм теухуаращ фэдгъащӀэр.


Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм сыщӀыгъуу сынызэрыкӀуэнур сощӀэ.


Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуурэ, фи щыпкъагъэр къэвгъэнэхуащ. Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт фызэрыхуэхъум икӀи фызэредаӀуэм щхьэкӀэ, абыхэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ. Абы нэмыщӀ, фи мылъкум фыщымысхьу фи мылъкум абыхэми нэгъуэщӀ цӀыхухэми зэрахуэвгуэшым щхьэкӀэ а къуэшхэм Тхьэм щӀыхь хуащӀынущ.


НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ* щыӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэм фи щхьэхэр зэӀагъэхьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀри зэрахъуэкӀыну хуейщ.


Фэ фи псэми Мэссихь щыщ хъуащ. Мэссихь фи псэм щыщ щыхъуар щыпкъагъэм теухуа хъыбару, фымыкӀуэду фыкъезыгъэл хъыбарыфӀыр щызэхэфхам щыгъуэщ. МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ щыхъум, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу дыкъызэригъэгугъар мыхъурым хуэдэу фи гум кърилъхьащ.


Аращи, Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фӀылъагъуныгъэу фиӀэмрэ я хъыбар щызэхэсхам къыщыщӀэдзауэ,


Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


япэрей махуэм къыщыщӀэдзауэ нобэм къэсыху хъыбарыфӀым хуэзлэжьа Ӏуэхум фи Ӏыхьи хэлъщи.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, фи деж сыщыщыӀам, фыкъысхуэӀурыщӀэу фызэрыщытам хуэдэу, иджы, фи деж сыщыщымыӀэми, абы нэхърэ нэхъ куэдкӀэ фыкъысхуэӀурыщӀэн хуейщ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фымыкӀуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит,


Сэри куэд мышӀэу фи деж нытезгъэзэнкӀэ Зиусхьэным сыщогугъ.


Куэдрэ зэрывжесӀам хуэдэу, иджыри си нэпсхэр къехуэхыурэ, нывжызоӀэ: ЦӀыху куэд Мэссихь и жорым бий хуэхъуащ.


Дэ ди хэкур уафэрщ. Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, уафэм къехыу, дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлынум дыпоплъэ.


Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.


Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.


Мэссихь ХьисэкӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмкӀэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэтхащи.


Тимофейр фи деж къикӀыжри, ди деж къэкӀуэжащ иджы, абы фи фӀэщхъуныгъэмрэ фи фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбар дахэхэр къытхуихьащ. Фи гум дэ фӀыкӀэ зэпымыууэ дыкъызэрыкӀыжри, дэ фытлъагъуну дызэрыхуейм хуэдэу, дэ дыкъэфлъагъуну фэри фызэрыхуейри абы къытхуиӀуэтэжащ.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.


фӀэщхъуныгъэ уиӀэу, уигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдумыщӀэжу, гурэ псэкӀэ уи Ӏуэхур лэжь. ЦӀыху гуэрхэм я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжыныр зэрамыдам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу текӀыжащ.


ХъыбарыфӀым фӀыуэ сыхущӀэкъуащ, къэзжынур къэзжащ, фӀэщхъуныгъэр схъумащ.


Абы нэмыщӀу, мыдыгъуэну икӀи я щыпкъагъэр сыт щыгъуи къагъэлъэгъуэну ягурыгъаӀуэ. Апхуэдэу хъумэ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм цӀыхухэм щӀыхь хурагъэщӀынущ абыхэм ялэжь ӀуэхухэмкӀэ.


Зиусхьэн ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми яхууиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэсхащ.


ЗэкӀужыныгъэм хэтхэращ щыпкъагъэ къызыхэкӀ жылапхъэр гузэгъэгъуэкӀэ цӀыхухэм я гум изылъхьэр.


Псори апхуэдэу зэрыкӀуэдыжынум щхьэкӀэ, Тхьэм и махуэм фыпэплъэу, а махуэр нэхъ псынщӀэу къызэрысыным и ужь фиту, фигу къабзэу Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фыпсэун хуейщ. А махуэр къыщыскӀэ, уафэхэр мафӀэкӀэ кӀуэдыжынущ. Дунейр къызыхэщӀыкӀахэр мафӀэ гуащӀэм игъэткӀунущ.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит.


ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan