Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 Абы сыщыгугъыу, мыбы сыкъызэрынэжынури, гуфӀэгъуэри щӀыгъуу фи фӀэщхъуныгъэр зэпымыууэ нэхъ быдэ хъун щхьэкӀэ, фи деж сызэрыщыӀэнури сощӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:25
17 Iomraidhean Croise  

Сыту жыпӀэмэ Уэ, ди Тхьэ, псалъэу уэстар зэхэпхащ, уи цӀэм фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм ягъуэт ӀыхьэфӀыр сэри къызэптащ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу утемыкӀыну сэ Тхьэм сыпхуелъэӀуащ. Уэ си деж къыщыбгъэзэжкӀэ, уи къуэшхэр гъэгушхуэ.


Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.


– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарым фезгъэдаӀуэурэ, фэ псоми фи деж сыщызэхэзекӀуащ. Фэ фщыщу зэи зыми си напэр зэримылъагъужынур сощӀэ.


ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфӀэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкӀэ.


Си псалъэхэмкӀи, злэжьа ӀуэхухэмкӀи, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хамэ лъэпкъхэр Тхьэм езгъэдэӀуэну Мэссихь сигъэщӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыну сытегушхуэркъым. Ерусалим къыщыщӀэдзауэ Иллирик хэкум нэсыху, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм нэсауэ ялъэзгъэӀэсащ.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм сыщӀыгъуу сынызэрыкӀуэнур сощӀэ.


Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.


Фи фӀэщхъуныгъэм тепщэ дыхуэхъуну дыхуейкъым, ауэ фыдгъэгуфӀэну дывдолажьэ, фэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу быдэу фытетщи.


Сэри куэд мышӀэу фи деж нытезгъэзэнкӀэ Зиусхьэным сыщогугъ.


НэгъуэщӀ гуэркӀи сынолъэӀу: ХьэщӀэщ къысхуэгъэхьэзыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм фызэрысхуелъэӀуам папщӀэ Тхьэм сынывитыжыну сыщогугъ.


Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan