Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 А ӀуэхуитӀым сыхагъэзыхь. Мы дунейм сехыжу, Мэссихь сригъусэну сыхуейщ. Ар куэдкӀэ нэхъыфӀщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:23
24 Iomraidhean Croise  

КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.


Къин щыплъагъу махуэм къызэджэ, укъыхэсшынщ, уэри щӀыхь къысхуэпщӀынщ».


ЦӀыхухэм гугъуехькӀэ саумэхъын хуейщ, ар къысэхъулӀэху Ӏейуэ согузавэ.


– Пэжыр ныбжызоӀэ, жэнэтым ущызигъусэнущ нобэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым.


Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжрэ пэт, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр къелъэӀуащ: – Уи гъусэу сыздэшэ, – жиӀэри.


Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.


ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.


СыкӀуэу, псэупӀэ къыщыфхуэзгъэхьэзыркӀэ, сыкъэкӀуэжынурэ, сэ сыздэщыӀэм фэри фыщыӀэну фыздэсшэнущ.


– Си Адэ, уэ си ӀэмыщӀэ къиплъхьа цӀыхухэр сэ сыздэщыӀэм си гъусэу щыӀэну сыхуейщ, сэ сиӀэ пщӀа щӀыхьышхуэр ялъагъун щхьэкӀэ. А щӀыхьышхуэр сиӀэ щӀэпщӀар дунейр къэхъун и пэкӀэ фӀыуэ сызэрыплъэгъуарщ.


ЯукӀын мурад яӀэу мывэкӀэ къеуэу щыщӀадзэм, Стефан лъэӀуащ: – Зиусхьэн Хьисэ, си псэр сӀых!


Догушхуэ жызоӀэ, икӀи дипкъхэм дахэкӀыу, Зиусхьэным и гъусэ дыхъумэ, нэхъ тфӀэфӀщ.


Дигухэр фхуэдгъэбыдакъым, ауэ фэ фигухэр къытхуэвгъэбыдащ.


Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.


ИтӀанэ дэ, псэууэ къэнахэр, абыхэм дащӀыгъуу Тхьэм уафэм дыдрихьеинущ, пшэхэм дахэту, хьэуам хэту Зиусхьэным дыщыӀущӀэн щхьэкӀэ. Зиусхьэным сыт щыгъуи дригъусэнущ итӀанэ.


Сэ къурмэныпхъэ сыхъуу, дунейм сехыжыну си зэманыр къэсащ.


Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ: – Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ. – Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan