Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 Тхьэм фызэрелъэӀум щхьэкӀи, Хьисэ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр дэӀэпыкъуэгъу къызэрысхуэхъум щхьэкӀи мы гугъуехьым сыкъызэрыхэкӀыжынур сощӀэри.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:19
11 Iomraidhean Croise  

Мисие хэкум щынэсым, Вифиние хэкум ихьэну хэтащ, ауэ Хьисэ и Псэ ЛъапӀэм ахэр хуит ищӀакъым.


Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.


АрщхьэкӀэ фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэркъым икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр пэжыгъэкӀэ фигу щилъкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу фрокӀуэ. Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъыр Мэссихь и цӀыхухэм ящыщкъым.


Абы щхьэкӀэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу, узыщыгугъ хъун Тимофейуэ си щӀалэ лъапӀэм хуэдэр ныфхузогъакӀуэ. Члисэ зэхуэс псоми зэрезгъащӀэм тету, Мэссихь и гъуэгу сытету сызэрызекӀуэр Тимофей фи гум къигъэкӀыжынущ.


Апхуэдэу, цӀыху куэдыр Тхьэм тхуелъэӀунурэ, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэнущ, абы и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀи цӀыху куэдым ди цӀэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀынущ.


Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр фигухэм кърелъхьэ, Ӏуэху телъыджэхэри фи деж щелэжь. Апхуэдэу щӀищӀэр Торэт хабзэм итхэр вгъэзэщӀауэ ара, е зэхэфха хъыбарыфӀымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуар ара?


Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ, ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ.


Ар Ӏуэхукъым. Мыпхуэдэуи, апхуэдэуи, мурад бзаджэмкӀи, мурадыфӀымкӀи Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэ хъумэ, согуфӀэ. ИкӀи зэпымыууэ сыгуфӀэнущ,


Мэссихь гугъуехьхэр ишэчу, абы и ужькӀэ щӀыхьышхуэ иӀэ зэрыхъунур бегъымбархэм я гум илъ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм къыщыжиӀэм, зытепсэлъыхьа зэманри Мэссихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэри бегъымбархэм зэрызрагъэщӀэным и ужь итащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan