Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Япэрейхэм я гум зэщыхьэныр илъу, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм гуфӀеягъэкӀэ хуаӀуатэ. Си Ӏэпхлъэпхыр нэхъри нэхъ шэчыгъуей ящӀыну я гум илъщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:16
13 Iomraidhean Croise  

Ар сыхуейуэ сщӀэмэ, ӀыхьэфӀыр згъуэтынущ. Ауэ сфӀэмыфӀу сщӀэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур згъэзащӀэ къудейуэ арщ.


Тхьэм и псалъэхэр зэӀызыгъыхьэ цӀыху куэдым дахуэдэкъым. Мэссихь ди псэм щыщу, щыпкъагъэ ди гум илъу, Тхьэм дрилӀыкӀуэщи, езым и пащхьэм абы и псалъэхэр цӀыхухэм щахудоӀуатэ.


Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.


Фэ фщӀэну сыхуейщ, си къуэшхэ, сэ къызэхъулӀэ Ӏуэхухэм я фӀагъ хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и Ӏуэхум къызэрекӀар.


япэрей махуэм къыщыщӀэдзауэ нобэм къэсыху хъыбарыфӀым хуэзлэжьа Ӏуэхум фи Ӏыхьи хэлъщи.


Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.


Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.


Фэ, Филиппи къалэм дэсхэм, зэрыфщӀэщи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн щӀэздзауэ Македоние хэкум сыкъыщикӀым, дэӀэпыкъуэгъу хъунымрэ дэӀэпыкъуэгъум пэкӀуэр игъуэтыжынымрэ я ӀуэхукӀэ фэр фӀэкӀа члисэ зэхуэсхэм ящыщ зыри гъусэ къысхуэхъуакъым.


Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan