Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Аращи, кесарым и унэшхуэу преторие зи цӀэм и хъумакӀуэхэмрэ адрей цӀыху псомрэ Ӏупщ ящыхъуащ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ цӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:13
17 Iomraidhean Croise  

– ПсынщӀэми мыпсынщӀэми, уэ уи мызакъуэу, нобэ сызэхэзыха псори сэ схуэдэ хъуну, ауэ Ӏэхъулъэхъу ярымылъыну Тхьэм солъэӀу, – жиӀащ Паул.


Пэшым щыщӀэкӀыжым, абыхэм жаӀащ: – УкӀ е лъэхъуэщ къыщӀихьын Ӏуэху лъэпкъ мы лӀым ищӀакъым.


Махуищ дэкӀа нэужь, Паул журтхэм я пашэхэр къригъэшащ. Ахэр къыщызэхуэсым, яжриӀащ: – Си къуэшхэ, сэ ди лъэпкъым мыхъун зыри езмыщӀауэ, ди адэжьхэм я хабзэхэм сытемыкӀауэ щыт пэтми, Ерусалим сыщаубыдри, рим цӀыхухэм сыӀэщӀалъхьащ.


Ӏуэхухэр апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэщ фыслъагъуну икӀи сынывэпсэлъэну фыкъыщӀезгъэшар. Израил лъэпкъым гугъапӀэфӀу иӀэм щхьэкӀэщ си Ӏэм Ӏэхъулъэхъу щӀралъхьар.


И деж къакӀуэ цӀыху псори щригъэблагъэу, пщӀэкӀэ къищта унэм илъэситӀкӀэ щыпсэуащ Паул.


Абы щхьэкӀэ сэ, Паул, Мэссихь Хьисэ сыхуэлажьэурэ, фэ хамэ лъэпкъхэм хъыбарыфӀыр зэрывэзгъащӀэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ.


Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


Ӏэпхлъэпх сащӀауэ, мы хъыбарыфӀым срилӀыкӀуэщ. ХъыбарыфӀыр гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн хуейм хуэдэу къыжысӀэну, Тхьэм фысхуелъэӀу.


ХъыбырыфӀым сызэрыхущӀэкъур зэрыфлъэгъуам хуэдэу, фэри иджы фыхущӀокъу. А щӀэкъуныгъэм иджыри сызэрыхэтыр зэхэфхащ.


Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус къывахыж, псом хуэмыдэу кесарым и унэшхуэм щыщхэм.


гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan