16 – ЩэкӀыщӀэм щыщ щыдэжын зыми щыгъыныжьым щидэжыркъым, щыдэжыным щыгъыныжьыр зэфӀитхъынурэ, гъуанэр нэхъ ин хъунущи.
Си зиусхьэныр ирекӀуэ езым и унэӀутым япэ иту, ауэ сэ си япэм Ӏэщу итыр зэрыкӀуэм хуэдэу, икӀи сабийхэр зэрыкӀуэм хуэдэу, хуэму сыкӀуэурэ секӀуэлӀэнщ си зиусхьэным деж Сеир щӀыналъэм.
ГъэщӀэгъуэн дыдэхэр къытхуищӀащ Зиусхьэным. Ди гум гуфӀэгъуэр изщ.
– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.
ФадэщӀэр фэнд тӀорысэм ирагъахъуэркъым. Апхуэдэу ящӀмэ, фэндхэр къызэгуэитхъынурэ фадэр къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдэнущ. ФадэщӀэр фэндыщӀэхэрщ зрагъахъуэр. ТӀури къызэтенэнущ абы щыгъуэ.
– ЩэкӀыщӀэм щыщ щыдэжын зыми щыгъыныжьым щидэжыркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, щэкӀыщӀэм щыщ щыдэжыным щыгъыныжьыр зэфӀитхъынурэ, гъуанэр нэхъ ин хъунущ.
Зы ущие хъыбар яжриӀащ итӀанэ: – ЩыгъыныщӀэм щыдэжын къыпитхъыурэ щыгъыныжьым щидэжыркъым зыми. Апхуэдэу ищӀмэ, щыгъыныщӀэр зэфӀэтхъынущ икӀи щыгъыныщӀэм щыщ щыдэжыныр щыгъыныжьым екӀунукъым.
– Иджыри куэд щыӀэщ вжесӀэн хуейуэ, ауэ а псор фэ фигу зэуэ ивубыдэфынукъым.
Аращи, мы Ӏуэхуищыр мыкӀуэдыжынщ: фӀэщхъуныгъэр, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр, фӀылъагъуныгъэр. Абыхэм ящыщу нэхъ иныр фӀылъагъуныгъэр арщ.
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъум и мызакъуэу, цӀыху куэдми Тхьэм фӀыщӀэшхуэ ину яхувогъэщӀ.