11 Фарисейхэм ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Фэ фи дин егъэджакӀуэр хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт щӀадешхэр?
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», хужаӀэ абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэм къыхэкӀа къэхъукъащӀэхэм а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.
ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?
Хьисэ Маттэ и унэм щӀэсу здэшхэм, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ къэкӀуэурэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт.
Фарисейхэм ящыщ торэт егъэджэкӀуэ пащэхэм Хьисэ хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьыщӀэхэмрэ ядэшхэу щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьщӀэхэмрэ сыт ар щӀадешхэр?
Ар щалъагъум, цӀыхухэм мыарызыуэ жаӀащ: – Гуэныхь зыщӀэ цӀыхум и унэ хьэщӀэу ихьащ.
Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр?
жраӀащ: – Уэ сунэт ямыщӀахэм я деж ущӀыхьэри уадэшхащ.
Дэ журту дыкъалъхуащ. Гуэныхь зыщӀэ хамэхэм дащыщкъым.
Дин пашэшхуэр гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхуу зэрыщытым щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу гъуэща цӀыхухэм гущабагъэкӀэ ядэгъуэгурыкӀуэн лъокӀ.
Фи деж зыгуэр къакӀуэу, Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм яхуэмыдэ фигъэлэжьмэ, ар фи унэм щӀэвмыгъэхьэ, фӀэхъуси евмых.