10 Хьисэ Маттэ и унэм щӀэсу здэшхэм, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ къэкӀуэурэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт.
Фарисейхэм ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Фэ фи дин егъэджакӀуэр хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт щӀадешхэр?
АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.
– Дэ дощӀэ Тхьэр гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм зэремыдаӀуэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр зылэжьыращ Тхьэр зэдаӀуэр.