Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 8:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 – Уа зи щӀыхь ин, пкъыуэ хъуауэ, гугъуехьышхуэ телъу си унэӀутыр унэм щӀэлъщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 8:6
12 Iomraidhean Croise  

Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


– Сэ сынэкӀуэнщи, згъэхъужынщ, – жриӀащ Хьисэ абы.


Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, Хьисэ деж къахьащ. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Умыдзыхэ, си щӀалэ! Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.


Ар къыжезыӀа мелыӀычыр бгъэдэкӀыжа нэужь, Корнелий и унэӀутхэм ящыщу цӀыхуитӀрэ и ӀуэхутхьэбзащӀэ зауэлӀхэм ящыщу Тхьэр зыгъэлъапӀэмрэ къриджэщ,


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэд зыӀыгъ жин бзаджэхэр кӀийуэ яхэкӀырт, зи пкъыуэ хъуа цӀыху куэди лъашэхэри Филипп игъэхъужырт.


Еней зи цӀэ лӀы гуэрым щыӀущӀащ абы. Илъэсий хъуауэ пкъыуэ хъуауэ, пӀэм хэлът ар.


Аращи, яку зэхэгъэж дэмылъу, алыджри, журтри, сунэт ящӀари, сунэт ямыщӀари, хамэри, Скиф хэкум щыщри, пщылӀри, щхьэхуитри зэхуэдэщ. Мэссихь псоми я щхьэщ, ар фэ псоми фи псэм щыщщ.


Тепщэхэ, фэри Зиусхьэн уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэуэ, фи унэӀутхэм фазэрыхущытын хуейм тету икӀи захуэу фахущыт.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ тепщэхэр зиӀэ унэӀутхэм, зэкъуэшу зэрыщытым щхьэкӀэ, абыхэм нэмыплъ иратын хуейкъым, атӀэ нэхъри нэхъыфӀыжу яхуэлэжьэн хуейщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ялэжь Ӏуэхум зи фӀагъ къекӀыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэу фӀыуэ ялъагъур арщ. Мы Ӏуэхухэр унэӀутхэм егъащӀэ икӀи яхуэгъэбыдэ.


унэӀутым хуэдэу мыхъужу, атӀэ унэӀутым нэхърэ нэхъыфӀыжу, фӀыуэ плъагъу къуэшым хуэдэу, игъащӀэкӀэ бгъуэтыжыну арагъэнкӀэ хъунщ. СэркӀэ куэду лъапӀэщ, уэркӀи нэхъ лъапӀэжщ, цӀыху хуэдэу икӀи Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшым хуэдэу ар зэрыщытыр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan