5 Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щыдыхьэм, дзэ пашэ гуэр къыбгъэдыхьэри къелъэӀуащ:
Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ, уи деж щызлэжьа Ӏуэхушхуэхэр Содом къалэм щызлэжьатэмэ, ар иджыри къэс щытынути.
Дзэ пашэмрэ абы и гъусэу Хьисэ зыхъумэу щытахэмрэ щӀыр зэрыхъейри, мо къэхъу псори щалъагъум, хуабжьу къэшынауэ жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ мыр Тхьэм и Къуэу щытащ.
Назарет къалэм дэкӀыжщ, Завулон, Неффалим хэкухэм ящыщу псы Ӏуфэм Ӏут Капернаум къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ ар.
Кхъуафэжьейм итӀысхьэщ, гуэлым къызэпрыкӀыжри, и къалэм къэкӀуэжащ Хьисэ.
ЗауэлӀхэм я пашэу Хьисэ къыхуэзанщӀэу щытым, Хьисэ и лӀэкӀэ хъуар щилъагъум, жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр Тхьэм и Къуэу щытащ.
Махуэ заул дэкӀауэ, Хьисэ Капернаум къалэм къыщигъэзэжым, ар унэм къызэрыкӀуэжар цӀыхухэм зэхахащ.
ЩӀопщкӀэ еуэну фэ кӀапсэкӀэ щрапхым, Паул абдеж щыт дзэ пашэм жриӀащ: – Хьэкум тевмыщӀыхь щӀыкӀэ, рим цӀыхухэм ящыщ гуэрым феуэну хабзэкӀэ фыхуит?
Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэхэм ящыщ гуэр къриджэри, жриӀащ: – Дзэпщым деж мы щӀалэр шэ. Зыгуэр жриӀэну хуейщ.
Дзэпщым дзэ пашэхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ: – ЗауэлӀу щитӀ, шууэ блыщӀ, бжыхэр зыӀыгъ зауэлӀу щитӀ ныжэбэ сыхьэтыр бгъум Кесарие къалэм кӀуэну вгъэхьэзыр.
Ипщэ лъэныкъуэмкӀэ къикӀыу жьы тӀэкӀу къепщэ щыхъум, я мурадыр къехъулӀауэ къафӀэщӀри ежьащ. Крит хытӀыгум бгъурыту кӀуэрт ахэр.
Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэмрэ зауэлӀхэмрэ яжриӀащ: – А лӀыхэр кхъухьым къимынэмэ, фи псэхэр къевгъэлын флъэкӀынукъым.
Ауэ Паул къригъэлыну дзэ пашэр хуейти, зауэлӀхэм я гум илъыр яримыгъащӀэурэ, есыкӀэ зыщӀэхэм псым нэхъапэ зыхадзэу, хы Ӏуфэм есылӀэну унафэ яхуищӀащ.
Лиддэ къалэр Иоппие къалэм пэгъунэгъути, Петр абы зэрыщыӀэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щызэхахым, «ЗумыӀэжьэу, ди деж къакӀуэ!» жраӀэну, лӀыкӀуитӀ Петр деж ягъэкӀуащ.