21 И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ нэгъуэщӀ гуэрми Хьисэ къыжриӀащ: – Зи щӀыхь ин, сыкӀуэу, си адэр щӀэслъхьэжыну хуит сыщӀ япэщӀыкӀэ.
ИкӀи е и унэхэр, е и къуэшхэр, е и шыпхъухэр, е и адэ, е и анэ, е и бынхэр, е и щӀапӀэр сэр щхьэкӀэ къэзыбгына дэтхэнэми хуэдищэ игъуэтыжынущ икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀу къылъысынущ.
– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.
– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, ауэ уэ си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ.
Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым.