Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 8:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Ауэ мы къэралым и цӀыхухэр кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 8:12
19 Iomraidhean Croise  

– Хьэсэ хъужыр дунейр арщ. ЖылэфӀ хъужыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* щӀэт цӀыхухэр арщ. Ежьужь хъужыр шейтӀаным и цӀыхухэр арщ.


МелыӀычхэм а цӀыхухэр зэхуашэсынурэ, мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.


мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.


– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.


А унэӀутыр хьэлэчу иубэрэжьынущ тепщэм икӀи бзитӀщхьитӀхэм гугъуехь щадишэчыну щӀыпӀэм игъэкӀуэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.


Мы унэӀут сэбэпыншэр кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хэвдзэ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ». Ар жиӀа нэужь, Хьисэ макъышхуэкӀэ къыщӀигъуащ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


– Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби, адрей бегъымбар псори Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьауэ, ауэ фэ а Тепщэныгъэшхуэм фыкъыщӀахуауэ щыфлъагъукӀэ, гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ абы.


Бегъымбархэм я жьэкӀэ Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм езымрэ фи адэшхуэхэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэм и ӀыхьэфӀри зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм Ибрэхьим бегъымбарым къызэрыжриӀам хуэдэу, «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхум и хьэтыркӀэ дунейм тет лъэпкъ псоми си нэфӀ ящызгъэхуэнущ».


А си къуэшхэр израил лъэпкъырщ. Ахэрщ Тхьэм езым и бын ищӀар. Ахэращ Тхьэм и щӀыхьышхуэр зригъэлъэгъуар. Тхьэм езымрэ абыхэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэр дилъхьащ. Торэт хабзэр зритари ахэрщ. Езыр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэр Тхьэм зригъэлъэгъуари ахэращ. Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ игъэгугъари ахэрщ.


А цӀыхухэр псынэ гъужам икӀи жьышхуэм зэрихуэ пшэхэм яхуэдэщ. МыкӀуэдыжын кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм абыхэм Ӏыхьэ яхуищӀащ.


Тхьэр гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэм ящысхьакъым, атӀэ Ӏэхъулъэхъухэр ярилъхьэри, цӀыхухэм я хьэкумыр щатрищӀыхьыну къемэтмахуэм нэсыху жыхьэнмэм и кӀыфӀыгъэм хэтыну ятрилъхьащ.


Зи фӀейр дэзыдзей толъкъунхэм яхуэдэщ, вагъуэ гъуэщахэу кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм игъащӀэкӀэ къызыхуигъэнахэм яхуэдэщ.


Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan