Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 8:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 8:10
9 Iomraidhean Croise  

ЩытӀысащ зэшхэр абы и пащхьэм, нэхъыжьыр езым и ныбжьым елъытауэ, нэхъыщӀэри езым и нэхъыщӀагъэм елъытауэ, а цӀыхухэр зыр адрейм фӀэгъэщӀэгъуэныжу зэхэст.


– Уэ фӀэщхъуныгъэу уиӀэр инщ, цӀыхубз – жриӀащ Хьисэ абы. – Ауэ щыхъукӀэ, уэ узэрыхуейм хуэдэу къыбдрехъу. ЦӀыхубзым и пхъур а зы напӀэзыпӀэм хъужащ.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, къуэкӀыпӀэмкӀи къухьэпӀэмкӀи цӀыху куэд къикӀынурэ, Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я гъусэу Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и гухэхъуэ Ӏэнэм щхьэж и тӀысыпӀэ щиубыдынущ.


Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» си унэӀутми жесӀэмэ, ищӀэнущ.


Абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр игъэщӀэгъуащ Хьисэ. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэурэ, Хьисэ жылэ гъунэгъухэр къызэхикӀухьырт.


Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.


Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ: – Уи фӀэщхъуныгъэм умыкӀуэду укъригъэлащ. Гъуэгу махуэ. Уигу ирезагъэ.


Ар щызэхихым, а лӀыр игъэщӀэгъуащ Хьисэ икӀи и ужь ит цӀыху гупышхуэм захуригъэзэкӀри яжриӀащ: – Сэ нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыху гуэри Израил къэралым изгъуэтакъым.


Хуабжьу ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы къэпсалъэ цӀыху псори Галилей хэкум щыщкъэ?


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan