1 Ӏуащхьэм къыщехыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ куэд итт.
Абыхэм я мурадыр къыщищӀэм, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ. Хьисэ и ужь цӀыху куэд иуващ, икӀи абыхэм яхэт сымаджэ псори игъэхъужащ.
Ӏэшэ, лъашэ, нэф, дэгу, нэгъуэщӀ узыфэ зиӀэхэр къыздашэурэ, цӀыху гупышхуэ Хьисэ деж къакӀуэри, сымаджэхэр абы и пащхьэм къралъхьащ. И пащхьэм къыщралъхьэм, Хьисэ ахэр игъэхъужащ.
Абы и ужь иту цӀыху куэд кӀэлъыкӀуащ икӀи абыхэм яхэт сымаджэхэр а хэкум щигъэхъужащ.
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерихон къалэм къыщыдэкӀыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ къиуващ.
Галилей хэкуми, КъалипщӀ зи цӀэ хэкуми, Ерусалими, Иудей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыщхэри Хьисэ и ужь гупышхуэу иуващ.
торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.
ЦӀыху куэд къеувэкӀауэ щилъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ.
Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр щӀыгъуу а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей гуэлым кӀуащ. Галилей хэкум щыщ цӀыху куэд Хьисэ и ужь иуващ.
Апхуэдэу щыт пэтми, Хьисэ и хъыбар нэхъапэм нэхърэ нэхъыбэу цӀыхухэм ялъэӀэс хъуащ. Хьисэ жиӀэхэм едэӀуэну, я узыфэхэри ирагъэгъэхъужыну цӀыху гупышхуэхэр абы деж къакӀуэрт.