Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 7:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 – ФелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 7:7
43 Iomraidhean Croise  

А махуэ дыдэм Исхьэкъ и унэӀутхэр къакӀуэри абы хъыбар кърагъэщӀащ псыкъуий къызэратӀамкӀэ, «Дэ къэдгъуэтащ псы» къыжраӀащ.


И унэшхуэ лъапӀэм исщ Зиусхьэныр, Абы и тахътэр уафэгум итщ, Абы и нэхэм ялъагъу; Абы и нэплъэгъухэм дунейм и цӀыхухэр ягъэунэху.


Зиусхьэныр и цӀыху лъэпкъым гуащӀэ къезытщ, къыхиха пащтыхьым и хъумапӀэщ, и быдапӀэщ.


ЕмыкӀу кърехь, напэншэ ирехъу си псэм къещэхэр; зэщӀрекӀуэж, я напэр трырекӀ, зигу бзаджагъэ къысхуихьэхэр.


Губжьу къысхууиӀэм си Ӏэпкълъэпкъым щӀыпӀэ псэу къыхинаӀакъым; гуэныхьу сиӀэхэм сагъэпсэуркъым узыншэу.


Хабзэншэхэр хуэзгъэсэнщ уи гъуэгум, уи деж къагъэзэжынщ гуэныхь зыщӀахэм.


Си Тхьэ! ЦӀыху бзаджэхэм, мызахуэхэм, залымхэм саӀэщӀэх.


Цион къалэм папщӀэ Тхьэм жиӀэнщ: «Мыбы хуэдэр икӀи мыбы хуэдэ цӀыхур абы къыщыхъуащ, сыту жыпӀэмэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр арщ а къалэр зыгъэбыдэнур».


– Иджыри нывжызоӀэ, щӀылъэм тет фщыщ цӀыхуитӀ фызэгурыӀуэрэ сыт ищӀыскӀи фелъэӀумэ, си Адэу уафэм щыӀэм ар къыфхуищӀэнущ.


ФӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, сыткӀэ фелъэӀуми, Тхьэм ар къыфхуищӀэнущ.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* и Ӏуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ я ужь фит япэ щӀыкӀэ, а Ӏуэхугъуэ псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.


Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм елъэӀухэм фӀыгъуэ яхуищӀэнукъэ?


Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур иӀэ хъунущ, хэт сыт къилъыхъуэми, зылъыхъуэр къигъуэтынущ; куэбжэм теуӀуэми Тхьэм къыхуӀуихынущ.


Абы къыхэкӀкӀэ вжызоӀэ, Тхьэм сыт ищӀыскӀи фыщелъэӀукӀэ, Тхьэм ар къызэрыфхуищӀэнумкӀэ фи гум фӀэщхъуныгъэ ивгъэлъи, къыфхуищӀэнущ.


Бысымыр къэтэджу куэбжэр хуищӀыжа нэужь, «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух», жыфӀэурэ уэрамым фыдэту куэбжэм фытеуӀуэнущ. – Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».


Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ.


Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.


Фэ фи псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъууэ, си псалъэхэри сыт щыгъуи фи псэм щыщ хъумэ, си Адэм фызыхуеймкӀэ фелъэӀу, фызэрелъэӀури къыфхуищӀынущ.


– Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэри «Псы тӀэкӀу сегъафэ» къыбжезыӀари уэ пщӀэуэ щытатэмэ, абы уелъэӀунт, абыи гъащӀэ къозытын псы уригъэфэнт, – жриӀэжащ Хьисэ цӀыхубзым.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


ЗэхэщӀыкӀ зиӀэ цӀыхуи щыӀэкъым, Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэ цӀыхуи щыӀэкъым.


ЦӀыхум фӀэщхъуныгъэ имыӀэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым; Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуей дэтхэнэми Тхьэр зэрыщыӀэмкӀи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ӀыхьэфӀыр зэралъигъэсымкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейщи.


фӀэщхъуныгъэ яӀэу Тхьэм зэрелъэӀум щхьэкӀэ сымаджэр хъужынущ. Зиусхьэным ар къызэфӀигъэувэжынущ. Гуэныхь ищӀами, къыхуигъэгъунущ.


Тхьэм и унафэхэри езым Ӏуэху игъуэу илъытэхэри зэрыдлэжьым щхьэкӀэ дызыщӀэлъэӀур къыдет.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan