5 Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэ щӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.
Абыхэм я бзаджагъэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – Сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр сыт фэ, бзитӀщхьитӀхэ?
– Уэ уи нэм щӀэлъ бжэгъум гу лъумытэу, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щӀэплъагъур сыт?
Уи нэм бжэгъу щӀэлъ пэтрэ, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ: «Уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх», жыпӀэу?
– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! ЩӀылъэмрэ уафэмрэ я теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, мы зэманым и нэщэнэхэм къикӀыр къыщӀывгурымыӀуэр сыт?
– Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! – жриӀащ Зиусхьэным а пашэм. – Зи выр е зи шыдыр къыкӀэритӀэтыкӀыу щэбэт махуэми псы езымыгъафэ къыфхэт?
– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.
Уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъуу, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ, «Си къуэш, уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх?» жыпӀэу. Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэщӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.
– Хьисэ соцӀыху, Паул и хъыбари зэхэсхащ, ауэ фэ хэт фыщыщ? – жэуап яритыжащ жин бзаджэм.