3 – Уэ уи нэм щӀэлъ бжэгъум гу лъумытэу, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щӀэплъагъур сыт?
Уи нэм бжэгъу щӀэлъ пэтрэ, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ: «Уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх», жыпӀэу?
Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэ щӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.
Фарисейр абдежым здэщытым, Тхьэм мыпхуэдэу елъэӀурт игукӀэ: «Адрей цӀыху хъунщӀакӀуэхэми, бзаджащӀэхэми, зинэ зыщӀэхэми, мобдеж щыт хьэкътын ахъшэр хэзыхми яхуэдэу сызэрыщымытым щхьэкӀэ, фӀыщӀэ пхузощӀ, си Тхьэ.
Уэ хэт ущыщми, нэгъуэщӀ зыгуэр бгъэкъуаншэмэ, зызэрыбгъэхеижын зыри щыӀэкъым. Адрейр зэрыбгъэкъуаншэмкӀэ уэ зыбогъэкъуэншэж, адрейр зэрыбгъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уэри уолэжьри.
Ди къуэшхэ, цӀыху гуэрым гуэныхь ищӀэмэ, фэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъхэм, гущабагъэкӀэ ар гъуэгу захуэм тевгъэхьэж. Гуэныхь щӀэным зэрызыдевмыгъэхьэхыным фыхуэсакъ.