21 – «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жиӀэу сигъэлъапӀэу къызжезыӀэ цӀыхуракъым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнур, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хэту щытми, си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.
– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.
– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.
– Иджыри нывжызоӀэ, щӀылъэм тет фщыщ цӀыхуитӀ фызэгурыӀуэрэ сыт ищӀыскӀи фелъэӀумэ, си Адэу уафэм щыӀэм ар къыфхуищӀэнущ.
жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
(ИтӀанэ Исус щӀигъужащ:) – И къуэшым кърищӀар игукӀэ хуэзымыгъэгъу фщыщ дэтхэнэми сэ си Адэу уафэм щыӀэри апхуэдэущ къызэрыхущытынур.
– Иджыри нывжызоӀэ, бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ мастэнэм махъшэкӀэ икӀыныр нэхъ тыншщ.
– Ахэр дагъэ щэху кӀуауэ, щауэр къэсащ икӀи хьэзыру щыта хъыджэбзитхур зыщӀигъущ, джэгу щащӀ унэм щӀыхьэри, бжэри къагъэбыдэжащ.
– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».
Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.
Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.
Хэтми, Тхьэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.
Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыж. Уи нитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.
– Пэжщ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащӀэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ.
Бысымыр къэтэджу куэбжэр хуищӀыжа нэужь, «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух», жыфӀэурэ уэрамым фыдэту куэбжэм фытеуӀуэнущ. – Абы къывжиӀэнущ: «Фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».
Бейр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн нэхърэ, махъшэкӀэ мастэнэм икӀыныр нэхъ тыншщ.
– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жыфӀэурэ, сыт къыщӀызжефӀэр, сэ жысӀэр щывмыгъэзащӀэкӀэ?
Сэ сыфцӀыхумэ, си Адэри фоцӀыху. Си Адэр джы щыщӀэдзауэ фоцӀыху икӀи флъэгъуащ.
Сэ сыкъэзылъагъу мыхъум си Адэри илъагъу хъуркъым.
– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.
– Си Адэм иджыри къэс зэпымычу Ӏуэху елэжь, сэри Ӏуэху солэжь, – яжриӀэрт Хьисэ абыхэм.
ИпэжыпӀэкӀэ, Къуэ лъапӀэр зылъагъуу, ар зи фӀэщ хъуа дэтхэнэми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ зэрыхъунырщ си Адэр зыхуейр; а цӀыхур сэ къемэтмахуэм къэзгъэтэджыжынущ.
– Тхьэр зыхуейр зылэжьыну хуейм зэхищӀыкӀынущ цӀыхухэм сэ езгъащӀэ псалъэхэр Тхьэм къыбгъэдэкӀми сэ къызбгъэдэкӀми.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.
Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэхэзыххэр аракъым Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр, Торэт хабзэр зыгъэзащӀэхэращ.
Абыхэм федаӀуэ жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъ къудейракъым фащедэӀуэнур, атӀэ Мэссихь фызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, фигурэ фи псэкӀэ сыт щыгъуи федаӀуэурэ, Тхьэр зыхуейр влэжь.
Епафрасу фи цӀыхухэм ящыщу Хьисэ Мэссихь хуэлажьэм фӀэхъус къывехыж. Ар Тхьэм пэжкӀэ фхуелъэӀу зэпытщ, Тхьэм и гъуэгум быдэу фытригъэтын, сыт и лъэныкъуэкӀи езыр зыхуей Ӏуэху псори зыхуэдэр нэсауэ къывгуригъэӀуэн папщӀэ.
Тхьэр зыхуейр фигу нэхъ къабзэ хъу зэпытыну, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀыну арщ.
Сыт ищӀыс къыфщыщӀми, Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ, фэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, апхуэдэу фщӀэну аращ Тхьэр зыхуейри.
Тхьэр ящӀэу жаӀэ, арщхьэкӀэ ялэжь ӀуэхухэмкӀэ Тхьэр зэрамыщӀэр ӀупщӀу къагъэлъагъуэ. Ахэр цӀыху гущыкӀыгъуэщ, жыӀэмыдаӀуэщ, сыт и лъэныкъуэкӀи фӀагъ лъэпкъ къапыкӀыркъым.
Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.
Аращи, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэну цӀыху гуэрхэр иджыри щыӀэщ. Ауэ пасэ зэманым а гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр зылъэӀэса цӀыхухэр, Тхьэм едэӀуэн зэрамыдам щхьэкӀэ, абы и гупсэхужыпӀэм щӀыхьакъым.
Тхьэм и псалъэхэм федаӀуэ къудейкӀэ хъунукъым, ахэр вгъэзэщӀэн хуейщ. Армырамэ, фи щхьэр къывогъэпцӀэж.
Тхьэр зыхуейр мыращ: фӀыгъуэ длэжькӀэрэ, зыри зымыщӀэ цӀыху гулъытэншэхэм я жьэр едгъэубыдынырщ.
Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу.
«Абы гъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэу, зэхикъутэнущ».
– ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт жыгым къыпыкӀэм щыщ яшхыну икӀи къалэм куэбжэмкӀэ дыхьэну хуит хъун щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэр гъуэгу махуэ теуващ.
Абыхэм хуэдэу щыгъын хужьхэр щыгъынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым абы и цӀэр зэикӀ изгъэкӀуэдыкӀынукъым. Абы и цӀэр зэрысщӀэр си Адэмрэ абы и мелыӀычхэмрэ я пащхьэм щыжысӀэнущ.