2 ЦӀыхухэм фэ хьэкум зэратефщӀыхьым хуэдэу, Тхьэм фэри хьэкум къыфтрищӀыхьынущ икӀи фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущ.
– ЦӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар щахуэвгъэгъукӀэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунущ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Зэхэфхыр фи гум ивубыдэ. Фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм къыфхуипщыжынущ, нэхъыби къыфхухигъэхъуэнущ.
ЦӀыхухэм фетэмэ, Тхьэри фэ къывэтэнущ. Фи пщалъэр зэщыхъу хъуауэ, иубауэ, изу, щхьэӀум къыщхьэпрылъэлъу, Тхьэм къыфхуищӀэжынщ; фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущи.
Сэ жыхуэсӀэр мыращ: МащӀэ тезысэм мащӀэщ къихыжынур. Куэд тезысэм куэд къихыжынущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
А къалэр фэ къызэрыфкӀэлъызекӀуам хуэдэу фэ фыкӀэлъызекӀуэж. Абы Ӏуэху бзаджэу ищӀам хуэдитӀ ефщӀэж. Фи фалъэм къыфхуригъэхъуа фадэм и дыджыгъэм хуэдитӀ фадэ дыдж и фалъэм хуивгъэхъуэж.