Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 7:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 – Куэбжэ зэвымкӀэ фыдыхьэ; кӀуэдыпӀэм и куэбжэр бгъуфӀэщ, абы кӀуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикӀуэхэр куэд мэхъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 7:13
38 Iomraidhean Croise  

Теплъащ Тхьэр щӀылъэм – зэхэуцӀэпӀащ ар: щӀылъэм тет дэтхэнэ зы цӀыхуми и гъуэгур зэӀигъэхьэжати.


Къилъэгъуащ Зиусхьэным щӀылъэм тет цӀыхухэм я бзаджагъэр зэрыин дыдэр; абыхэм я гум илъхэри я мурадхэри сыт щыгъуэ зэманми зэрыӀейр.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.


умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь.


Ауэ гъащӀэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащӀэщ.


Абы ещхьу, фэ фщыщу, хэтуи щрети, иӀэ псори ӀэщӀыб зымыщӀым си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.


А цӀыхуитӀыр Хьисэ щыбгъэдэкӀыжым, Петр Хьисэ къыжриӀащ: – Гъуазэ, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ. Шэтырищ щыдгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ. Петр жиӀэр имыщӀэжу апхуэдэу къипсэлъащ.


Бжэр сэращ. А бжэмкӀэ щӀыхьэр мыкӀуэду къелынущ, щӀыхьэнущ икӀи къыщӀэкӀыжынущ, хъупӀи игъуэтынущ.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ.


Аращ-тӀэ, Тхьэм и губжьыр къигъэнэхуэну икӀи и лъэкӀыныгъэшхуэр цӀыхухэм яригъэщӀэну хуеяти, зыхуэгубжь цӀыхухэу игъэкӀуэдыну щытахэм шыӀэныгъэшхуэ хэлъу ящысхьащ.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Аращи, къыжеӀэ Зиусхьэным, абыхэм фахэкӀи, лъэныкъуэкӀэ фыув. Мыкъабзэм фемыӀусэ, сэ фэ фыздэнущ абы щыгъуэ.


Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.


А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым.


Дэ Тхьэм дызэрибыныр дощӀэ, дуней псори шейтӀаным и ӀэмыщӀэ зэрилъри дощӀэ.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.


ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм щӀидзэщ, игъэбыдэжри, мыхъур тридзащ, илъэс миныр иухыху, лъэпкъхэр къимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. А илъэс миным и ужькӀэ зэман мащӀэкӀэ хуит ящӀыжын хуейщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan