12 Аращи, цӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щӀыгъуи. Аращ Торэт хабзэми бегъымбархэм ятхахэми къарыкӀыр узыхуаущийр.
– Мусэ и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярытхэмрэ згъэкӀуэдыну сыкъэкӀуауэ фи мыгугъэ. Ахэр згъэкӀуэдын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ и кӀэм нэзгъэсыну аращ.
ЦӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт.
Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.
Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту, ди пащтыхьым и унафэу, «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», жыхуиӀэр вгъэпэжмэ, фӀы фощӀэ.