11 Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм елъэӀухэм фӀыгъуэ яхуищӀэнукъэ?
Къилъэгъуащ Зиусхьэным щӀылъэм тет цӀыхухэм я бзаджагъэр зэрыин дыдэр; абыхэм я гум илъхэри я мурадхэри сыт щыгъуэ зэманми зэрыӀейр.
КъыщӀихьащ Зиусхьэным псэм фӀэфӀ мэ дахэр, икӀи жиӀащ Зиусхьэным игукӀэ: – ЦӀыхум и зэранкӀэ афӀэкӀа зэи щӀылъэм нэлат есхыжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и мурадхэр абы и ныбжьыщӀагъэм къыщыщӀэдзауэ Ӏейуэ щытщи; афӀэкӀа зэи псэ зыпыт згъэкӀуэдыжынукъым, Сэ зэ зэрысщӀыгъам хуэдэу.
ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.
ЩӀыхь пхуэсщӀынщ, Зиусхьэну си Тхьэ, си гум хузэфӀэкӀ псомкӀи уи цӀэм щӀыхьыр игъащӀэкӀэ хужысӀэнщ.
Цион къалэм папщӀэ Тхьэм жиӀэнщ: «Мыбы хуэдэр икӀи мыбы хуэдэ цӀыхур абы къыщыхъуащ, сыту жыпӀэмэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр арщ а къалэр зыгъэбыдэнур».
Зыми щӀылъэм фи «адэкӀэ» фыщемыджэ, фэ адэу фиӀэ закъуэр уафэм щыӀэ фи Адэ лъапӀэрщи.
е бдзэжьей щхьэкӀэ къелъэӀумэ, блэ иритыну?
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.
Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,
ИтӀанэ, дэ, журтхэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм нэхърэ дынэхъыфӀ? Хьэуэ, дэ зыкӀи дынэхъыфӀкъым. Журт псори нэгъуэщӀ лъэпкъ псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэ зэрилъыр къэдгъэнэхуащ,
Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?
Дунейм и цӀыху псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэм зэрилъыр Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Тхьэм къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ а цӀыхухэм ягъуэтыжын папщӀэщ.
Сыт хуэдэ ӀуэхуфӀри тыгъэ пэжри уафэм къох, уафэм щыӀэ нэхухэм я Адэ лъапӀэм къыбгъэдокӀ. Зэблэу жьауэхэм хуэдэу, абы зрихъуэжыркъым.
Адэ лъапӀэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. «Фэ фызибынщ», жеӀэ. Абы и бынхэуи дыщытщ. Мы дунейм и цӀыхухэм дэ дыщӀамыщӀэр Адэ лъапӀэр ящӀэркъыми, аращ.
ФӀылъагъуныгъэ жыхуэсӀэр Тхьэм дэ худиӀэ фӀылъагъуныгъэр аракъым, атӀэ Тхьэм фӀыуэ дэ дилъагъуу, ди гуэныхьхэр тхуэзыпшыныжын къурмэныпхъэ хъуну езым и Къуэр къызэригъэкӀуар арщ.