Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 7:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 – Хьэкум зыми тевмыщӀыхь, Тхьэм хьэкум фэ къыфтримыщӀыхьын щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 7:1
13 Iomraidhean Croise  

ЦӀыхухэм фэ хьэкум зэратефщӀыхьым хуэдэу, Тхьэм фэри хьэкум къыфтрищӀыхьынущ икӀи фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущ.


Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэ щӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.


– Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, Тхьэми хьэкум фэ къыфтрищӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэми фигъэкъуэншэнукъым. ЦӀыхухэм яхуэвгъэгъу, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ.


– Уи нэм щӀэлъ бжэгъум гу лъумытэу, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щӀэплъагъур сыт?


Зэпымыууэ къеупщӀ щыхъум, Хьисэ зыкъиӀэтыжри, яжриӀащ: – Фэ фщыщу гуэныхь зимыӀэр япэ иреуэ цӀыхубзым мывэкӀэ.


Си къуэшхэ, фэ фщыщ куэдыӀуэ дин егъэджакӀуэ хъуным щӀремыкъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ егъэджакӀуэхэм Тхьэм хьэкуму къыттрищӀыхьынур хьэкум нэхъ ткӀийуэ зэрыщытыр фощӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan