8 Аращи, абыхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀэ; фэ фелъэӀун и пэкӀэ, фызыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ещӀэри.
Хабзэншагъэу сщӀа псоми сахэшыж, акъылыншэм нэмыплъ къызремыт.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псори аращ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. Фэ абы фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ищӀэркъэ?
Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.