Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 6:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, куэдыщэ жывмыӀэ, хамэ лъэпкъхэм зэращӀым хуэдэу; куэд жаӀэмэ, зыщӀэлъэӀухэм Тхьэр едэӀуэну щогугъ ахэр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 6:7
11 Iomraidhean Croise  

Абыхэми едэӀуэн имыдэмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм я пащхьэм илъхьэ Ӏуэхур. Члисэ зэхуэсыми едэӀуэн имыдэмэ, ар хамэ лъэпкъхэм ящыщ е хьэкътын ахъшэр хэзых гуэрхэм яхуэдэ ирехъу уэркӀэ.


Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.


Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.


Ахэр аргуэру къигъанэри, ӀукӀыжащ, а псалъэ дыдэхэмкӀэ Тхьэм ещанэу елъэӀуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?


Ауэ ар зэрыжуртыр къыщащӀэм, сыхьэтитӀкӀэ цӀыху псори зы макъкӀэ зэрыгъэкӀиящ: – Ефес къалэм и Артемидэ лъапӀэ дыдэщ! – жаӀэурэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan