4 уэ пта псапэ тыхьыр щэхуу къэнэн щхьэкӀэ. Уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъум уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.
СощӀэ, хэутэн ящӀахэр Зиусхьэным и хьэкум иухеинщ, тхьэмыщкӀэхэм папщӀэ захуагъэр Абы игъэпсынщ.
Зиусхьэныращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэ быдапӀэу сиӀэр, бийхэм саӀэщӀэзыхыр, си Тхьэр – си къуршу щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр, си мэӀур, сыкъезыгъэл гуащӀэшхуэр, си щтапӀэр.
Хэтми, мы цӀыху цӀыкӀухэм ящыщу гуэр си гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зы псы щӀыӀэ фалъэ нэхъ мыхъуми езыгъафэм, пэжыр нывжызоӀэ, и ӀыхьэфӀыр фӀэкӀуэдынукъым.
Ауэ уэ псапэ тыхь щыпткӀэ, уи Ӏэ ижьым илэжь Ӏуэхур уи Ӏэ сэмэгум иремыщӀэ,
Ауэ уэ Тхьэм ущелъэӀукӀэ, уи пэшым щӀыхьэж, бжэр къэгъэбыди, цӀыхухэм я дежкӀэ нэрымылъагъу уи Адэ лъапӀэм елъэӀу. ЦӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъу уи Адэ лъапӀэм уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.
ЯхуэпщӀар абыхэм къызэрыпхуамыщӀэжыфынум щхьэкӀэ, гъуэгу махуэ утеуващ. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхухэр къыщытэджыжкӀэ, яхуэпщӀар Тхьэм къыпхуищӀэжынущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыщӀэмыщыну гъэпщкӀуауэ зыри щыӀэкъым, цӀыхухэм къамыщӀэну икӀи нахуэ мыхъужыну щӀэхъумауэ зыри щыӀэкъым.
Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.
Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.
И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ.
Абы и бынхэри згъэлӀэнущ. ЦӀыхухэм я гум илъри я гупсысэхэри зыгъэунэхур сызэрыарар члисэ зэхуэс псоми къагурыӀуэнущ итӀанэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэр естыжынущ.