3 Ауэ уэ псапэ тыхь щыпткӀэ, уи Ӏэ ижьым илэжь Ӏуэхур уи Ӏэ сэмэгум иремыщӀэ,
Хьэлэбэлыкъ макъ игъэӀунукъым абы икӀи гуоунукъым. Абы и макъыр уэрамхэми зыми щызэхихынукъым.
– Аращи, псапэ тыхь щыпткӀэ, цӀыхухэм хъыбар йомыгъащӀэ, синэгуэгухэм щӀэс икӀи уэрамхэм тет бзитӀщхьитӀхэм фӀыщӀэ лей къахьын мурадкӀэ зэрызагъэнаӀуэм ещхьу. Пэжыр нывжызоӀэ, апхуэдэу зыщӀхэм я ӀыхьэфӀыр ягъуэтакӀэщ.
уэ пта псапэ тыхьыр щэхуу къэнэн щхьэкӀэ. Уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъум уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.
ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.
Хьисэ апхуэдэу щыжиӀэм, абыхэм я нэхэр къэплъэжащ. – Фысакъ, мыр зыми жевмыӀэ, – унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм Хьисэ.
– Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету къурмэн щӀы узэрыхъужам щхьэкӀэ. Ар узэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ.
ЦӀыхухэм закъезыгъэщӀэну хуейм Ӏуэху щэху илэжьыркъым. Мы телъыджэхэр пхузэфӀэкӀыр пэжмэ, дунейм и цӀыхухэм закъегъэлъагъу.