Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 6:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 – Аращи, псапэ тыхь щыпткӀэ, цӀыхухэм хъыбар йомыгъащӀэ, синэгуэгухэм щӀэс икӀи уэрамхэм тет бзитӀщхьитӀхэм фӀыщӀэ лей къахьын мурадкӀэ зэрызагъэнаӀуэм ещхьу. Пэжыр нывжызоӀэ, апхуэдэу зыщӀхэм я ӀыхьэфӀыр ягъуэтакӀэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 6:2
56 Iomraidhean Croise  

фыз мылъхуэр анэ хъуауэ, сабийм ящыгуфӀыкӀыу, унэм ирегъэтӀысхьэж. Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ!


ФӀым пэкӀуэу, ар къызапэс, сагъэбий фӀы щӀэным сызэрыпылъым щхьэкӀэ.


БзитӀщхьитӀхэ! Ешайа бегъымбарым фэ къыфтеухуауэ пэжыр жиӀащ мыпхуэдэу:


Пщэдджыжьым мыпхуэдэу жывоӀэ: «Уафэм пшэр тезщ икӀи пшэплъщ. Нобэ уэлбанэ хъунущ». Уафэм и теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, ауэ мы зэманым и нэщэнэхэм къарыкӀыр къывгурыӀуэн флъэкӀыркъым.


Абыхэм я бзаджагъэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – Сыщывгъэуэну фыщӀыхэтыр сыт фэ, бзитӀщхьитӀхэ?


– Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ.


Гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэн щыгъуи, синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыдын яфӀэфӀщ.


А унэӀутыр хьэлэчу иубэрэжьынущ тепщэм икӀи бзитӀщхьитӀхэм гугъуехь щадишэчыну щӀыпӀэм игъэкӀуэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.


Пэжыр нывжызоӀэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Мусэ и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым, абы ит псори къэхъуху.


– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.


Ауэ уэ псапэ тыхь щыпткӀэ, уи Ӏэ ижьым илэжь Ӏуэхур уи Ӏэ сэмэгум иремыщӀэ,


– Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, бзитӀщхьитӀхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀ. ЦӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, Тхьэм елъэӀуурэ, синэгуэгухэми уэрамыщхьэхэми зыщаӀэжьэну яфӀэфӀщ абыхэм. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.


Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэ щӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.


синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи, гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэн щыгъуи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыдынри яфӀэфӀщ.


Ешайа бегъымбарым фэ бзитӀщхьитӀхэм къыфтеухуауэ пэжыр жиӀэгъащ, – къаритащ жэуап Хьисэ. – Мыпхуэдэу итщ абы и тхылъым: «Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ пэтми, мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.


Фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я кӀуэцӀым илъыр тхьэмыщкӀэхэм ефти, псори къабзэ хъунущ фэркӀэ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, фарисейхэр. Синэгуэгухэм тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щывубыдыну, цӀыху зэхыхьэпӀэхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхуевгъэщӀыну фи щӀасэщ.


Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.


Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! ЩӀылъэмрэ уафэмрэ я теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, мы зэманым и нэщэнэхэм къикӀыр къыщӀывгурымыӀуэр сыт?


– Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! – жриӀащ Зиусхьэным а пашэм. – Зи выр е зи шыдыр къыкӀэритӀэтыкӀыу щэбэт махуэми псы езымыгъафэ къыфхэт?


– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кӀыхьхэр ящыгъыу къакӀухьын я щӀасэщ. ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀын яфӀэфӀщ. Синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэ щыгъуи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щаубыдыныр я щӀасэщ.


– фэ, бейхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фигухэр зыгъэзагъэ Ӏуэхугъуэхэр вгъуэтакӀэщи,


Уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъуу, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ, «Си къуэш, уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх?» жыпӀэу. Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэщӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.


Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм.


– ЦӀыхухэр зыщызгъэтхъуну сыщӀэкъуркъым сэ.


Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?


Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым.


Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт.


жиӀащ: «Корнелий, Тхьэм уи тхьэлъэӀур зэхихащ, уи псапэ тыхьхэри щымыгъупщауэ и гум илъщ.


Корнелий шынауэ, и нэхэр абы триубыдэри, жриӀащ: – Зиусхьэн, сыт узыхуейр? – Уи тхьэлъэӀури уи псапэ тыхьхэри Тхьэм деж нэсащ, Тхьэм ахэр щымыгъупщауэ и гум илъщ, – къыжриӀащ мелыӀычым.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, щхьэж зэрылъэкӀкӀэ, Иудей хэкум ис къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун мурад ящӀащ абы щыгъуэ.


– Илъэс куэдкӀэ Ерусалим сыщымыӀауэ, си лъэпкъым псапэ тыхь хуэсхьыну икӀи къурмэн сщӀыну аргуэру сыкъэкӀуащ.


Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.


ЦӀыхухэр игъэгушхуэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, ирегъэгушхуэ. ИӀэр цӀыхухэм ядигуэшыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, и гуапэу ядрегуэш. УнафэщӀу лэжьэну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, унафэщӀу ирелажьэ жану. ЦӀыхухэм гущӀэгъу яхуищӀыну Тхьэм зыгуэрым лъэкӀыныгъэ къритамэ, псэ хьэлэлкӀэ гущӀэгъу яхурещӀ.


СиӀэ хъуа псори зимыӀэхэм естми, си пкъыр мафӀэкӀэ ягъэсыну цӀыхухэм естми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, абы фӀагъ къысхухэкӀынукъым.


«Ди тхьэмыщкӀэхэм фадэӀэпыкъуну зыщывмыгъэгъупщэ», жаӀэу, а зы закъуэрщ къызэрыдэлъэӀуар. А Ӏуэхум си фӀэщу сыхэтащ.


ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.


Фэрами нэгъуэщӀхэрами, цӀыхухэм щӀыхь зыхуедгъэщӀыну дыхэтакъым.


ФӀы щӀэным хэтыну, фӀы щӀэнымкӀэ бей хъуну, я мылъкум щымысхьу, яӀэм щыщкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ягуапэу етэну унафэ яхуэщӀ.


Уи фӀылъагъуныгъэмкӀэ ину сыбгъэгуфӀащ икӀи си гур бгъэзэгъащ, си къуэш, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я гур бгъэзэгъащи.


ФӀы фщӀэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиӀэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи.


Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan